хыхьэжын

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

firar etmek
DoğuхыхьэжынщӀэпхъуэнщӀэпхъуэжын
Batıхэхьэжьынхэлъэдэжьын
kaçmak
DoğuхыхьэжынщӀэпхъуэн
BatıхэхьэжынкӀэтхъун
Kitapta geçtiği hali

хэхьэжьын/хыхьэжын, (хэхьэжьы/хохьэж); хэлъэдэжьын (хэлъэдэжьы); щӀэпхъуэн (щӀопхъуэ); щӀэпхъуэжын (щӀопхъуэж); FİRAR ETMEK, KAÇMAK

хэхьэжын/хыхьэжын (хэхьэжы/ хохьэж); кӀэтхъун, щӀэпхъуэн (кӀетхъу/щӀопхъуэ); KAÇMAK, FİRAR ETMEK

хыхьэжын → хэхьэжьын; FİRAR ETMEK

хыхьэжын/хэхьэжын → ДИКӀЫН; KAÇMAK

хэхьэжын/хыхьэжын → ДИКӀЫН; KAÇMAK

Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Ayrıca bakınız: хэхьэжьын, дикӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хохьэж)

1.

рувосстановиться, ступить вновь куда-л., во

что-л. (напр., в кооператив, акционерное общество, партию);

2.

руперейти к женщине на постоянное жительство;

3.

рувновь сойтись с женой);

4.

руисчезнуть, сойти, сесть (об опухоли);

5.

русойтись, сходиться (о дорогах);

6.

рувзять и..., взять да и...; и был таков

Kitapta geçtiği hali

хыхьэжын (хохьэж) 1. восстановиться, ступить вновь куда-л., во что-л. (напр., в кооператив, акционерное общество, партию); 2. перейти к женщине на постоянное жительство; 3. вновь сойтись с женой); 4. исчезнуть, сойти, сесть (об опухоли); 5. сойтись, сходиться (о дорогах); 6. взять и..., взять да и...; и был таков

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хохьэж)

1. Къэгъэзэжу, аргуэру зыгуэрхэм яхэт, ящыщ зыщӀыжын.

Локотош зыхуэмышыӀэж жыхуаӀэм хуэдэу пӀащӀэрт икӀи тешыныхьырт, – дауэ зищӀыну пӀэрэ Якъуб, жиӀэу, Локотош нэмыцэм яхыхьэжауэ и фӀэщ мыхъумэ, дауэ хъуну?— Нал къута, 246

+2 örnek

АрщхьэкӀэ гуэгушыхъу Мэзан зэхихат унэгуащэм жиӀари, къыфӀэмыӀуэхуу цыджри хъушэм яхыхьэжащ, бабыщыкъуэ адэкъэжьу дунейм темыхуэжым и пӀалъэ къэсауэ къыщӀэкӀынщ, жыхуиӀэу.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477

Ар хьэгъуэлыгъуэми дауэ хыхьэжынт, апхуэдиз Ӏуэху и пщэм къыдэхуауэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573

2. Ежьэжын, лъэныкъуэ зегъэзын.

Бэлацэ къэп къомыр фӀыуэ мэкъу фамкӀэ щӀиуфэри, къежьэжащ, модрей щӀалитӀри гъуей мэзым хыхьэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 299

+1 örnek

Кхъухь щӀын хуейщ, жаӀэу кхъуэпӀащэм щызэхихым, пхэкӀэ икӀуэтурэ, щэху цӀыкӀуу кӀэбгъу зищӀри мэзым хыхьэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъухьыр къызыхэщӀыкӀар кхъуафэщ.— Кхъухь пхэнж, 505

3. ПыщӀа хъужын, фызу къэшэжын, дэпсэууэ щӀэдзэжын.

– Нэхъыжь-нэхъыщӀэ щыӀэ иджы, къаши хыхьэж, –жиӀэрт Ӏэюб, зыпылъ хъыджэбзым и гугъу ищӀмэ и гуапэу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525

+1 örnek

Мо цӀыхубз узэдыгъуам хыхьэжи, и бын къомыр хуэпӀ, жимыӀэну си фӀэщ хъуркъым.— МелыӀыч, 458

4. Гупсысэм аргуэру зэщӀиубыдэжын.

Дэфэрэджрэ Барчорэ аргуэру гукъэкӀыжхэм хыхьэжащи, хьэщӀэр щӀоупщӀэ: - А махуэм фи унэмкӀэ щхьэ умыгъэзарэт? – жеӀэри.— Лъапсэ, 112

Kitapta geçtiği hali

ХЫХЬЭЖЫН (хохьэж) лъэмыӀ. (22). 1. (17). Къэгъэзэжу, аргуэру зыгуэрхэм яхэт, ящыщ зыщӀыжын. Локотош зыхуэмышыӀэж жыхуаӀэм хуэдэу пӀащӀэрт икӀи тешыныхьырт, – дауэ зищӀыну пӀэрэ Якъуб, жиӀэу, Локотош нэмыцэм яхыхьэжауэ и фӀэщ мыхъумэ, дауэ хъуну? Нал къута, 246. АрщхьэкӀэ гуэгушыхъу Мэзан зэхихат унэгуащэм жиӀари, къыфӀэмыӀуэхуу цыджри хъушэм яхыхьэжащ, бабыщыкъуэ адэкъэжьу дунейм темыхуэжым и пӀалъэ къэсауэ къыщӀэкӀынщ, жыхуиӀэу. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. Ар хьэгъуэлыгъуэми дауэ хыхьэжынт, апхуэдиз Ӏуэху и пщэм къыдэхуауэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 573. 2. (2). Ежьэжын, лъэныкъуэ зегъэзын. Бэлацэ къэп къомыр фӀыуэ мэкъу фамкӀэ щӀиуфэри, къежьэжащ, модрей щӀалитӀри гъуей мэзым хыхьэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 299. Кхъухь щӀын хуейщ, жаӀэу кхъуэпӀащэм щызэхихым, пхэкӀэ икӀуэтурэ, щэху цӀыкӀуу кӀэбгъу зищӀри мэзым хыхьэжащ. Сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ кхъухьыр къызыхэщӀыкӀар кхъуафэщ. Кхъухь пхэнж, 505. 3. (3). ПыщӀа хъужын, фызу къэшэжын, дэпсэууэ щӀэдзэжын. – Нэхъыжь-нэхъыщӀэ щыӀэ иджы, къаши хыхьэж, –жиӀэрт Ӏэюб, зыпылъ хъыджэбзым и гугъу ищӀмэ и гуапэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 525. Мо цӀыхубз узэдыгъуам хыхьэжи, и бын къомыр хуэпӀ, жимыӀэну си фӀэщ хъуркъым. МелыӀыч, 458. 4. (1). зэхь. Гупсысэм аргуэру зэщӀиубыдэжын. Дэфэрэджрэ Барчорэ аргуэру гукъэкӀыжхэм хыхьэжащи, хьэщӀэр щӀоупщӀэ: - А махуэм фи унэмкӀэ щхьэ умыгъэзарэт? – жеӀэри. Лъапсэ, 112.

Düzeltme Öner

хыхьэжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.