хъарзынэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
фӀыуэ, зэрыщытыпхъэу.
рухорошо, нормально (идти - о делах)
Унагъуэр хъарзынэу мэпсэу.
Kitapta geçtiği hali
хъарзынэу нареч. хорошо, нормально (идти - о делах) / фӀыуэ, зэрыщытыпхъэу. Унагъуэр хъарзынэу мэпсэу.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ФӀыуэ, зэрыщытыпхъэу зыгуэр щытын.
Иджыри къэс хъарзынэу зэхэсахэр хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ. Лъапсэ, 47. Нэмыцэ фащэр щитӀагъэмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ, нэмыцэбзэр [Локотош] хъарзынэу ещӀэри нэмыцэ офицеру закъыфӀигъэщӀыфынущ.— Нал къута, 243
+1 örnek
Хъарзынэу дуэту адакъитӀыр зэдэӀэу къаублат, ар зэхэзых джэдхэм я гум щӀыхьэрэ къегъыхыу, жэщ хьэщӀэ бзаджэм и зэранкӀэ а зэм мыджэу къэнат.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484
Kitapta geçtiği hali
ХЪАРЗЫНЭУ (35). нареч. ФӀыуэ, зэрыщытыпхъэу зыгуэр щытын. Иджыри къэс хъарзынэу зэхэсахэр хьэргъэшыргъэ зэрыгъэхъуащ. Лъапсэ, 47. Нэмыцэ фащэр щитӀагъэмэ, мынэхъыфӀу пӀэрэ, нэмыцэбзэр [Локотош] хъарзынэу ещӀэри нэмыцэ офицеру закъыфӀигъэщӀыфынущ. Нал къута, 243. Хъарзынэу дуэту адакъитӀыр зэдэӀэу къаублат, ар зэхэзых джэдхэм я гум щӀыхьэрэ къегъыхыу, жэщ хьэщӀэ бзаджэм и зэранкӀэ а зэм мыджэу къэнат. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 484.