хъарзынэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. ЩӀым къыщӀах фӀыгъуэхэр, щӀым къыщӀах минералхэр.

руполезные ископаемые

Ди къуршхэр ди дыщэ пхъуантэу, Ди хъарзынэм бжыгъэ имыӀэу.— Къэбэрдей поэзием и антологие

2. Мылъку, щыгъын, Ӏэмэпсымэ.

руимущество, вещи; богатство

Фызу къыздэкӀуэ, си фӀыгъуэмрэ си хъарзынэмрэ ухэсу упсэунщ, - жеӀэр пщым.— ӀуэрыӀуатэ

1. ФӀы, дагъуэншэ, гурыхь.

рухороший, качественный, добротный

Гъавэ хъарзынэ къехьэлӀэжын.

2. Зи ӀэщӀагъэм фӀыуэ хэзыщӀыкӀ.

рухороший, знающий, умелый (в своем деле, специальности)

Дохутыр хъарзынэ.

3. ЦӀыхугъэ зыхэлъ, цӀыхуфӀ.

рухороший, добрый, примерный (в семье)

ЦӀыху хъарзынэ.

Kitapta geçtiği hali

хъарзынэ I 1. полезные ископаемые / ЩӀым къыщӀах фӀыгъуэхэр, щӀым къыщӀах минералхэр. * Ди къуршхэр ди дыщэ пхъуантэу, Ди хъарзынэм бжыгъэ имыӀэу. Къэб. п. и ант. 2. имущество, вещи; богатство / Мылъку, щыгъын, Ӏэмэпсымэ. * - Фызу къыздэкӀуэ, си фӀыгъуэмрэ си хъарзынэмрэ ухэсу упсэунщ, - жеӀэр пщым. фольк. II 1. хороший, качественный, добротный / ФӀы, дагъуэншэ, гурыхь. Гъавэ хъарзынэ къехьэлӀэжын. 2. хороший, знающий, умелый (в своем деле, специальности) / Зи ӀэщӀагъэм фӀыуэ хэзыщӀыкӀ. Дохутыр хъарзынэ. 3. хороший, добрый, примерный (в семье) / ЦӀыхугъэ зыхэлъ, цӀыхуфӀ. ЦӀыху хъарзынэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ФӀы, дагъуэншэ, гурыхь.

ЩӀыр ягуэшу, явэу, гъавэ хъарзынэ къагъэхъуами, я нартыхур псоми къыдачыжыфакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 278

+2 örnek

Абы нэхъейуэ, лъахъстэн мест хъарзынэри дэнэ къриха – зи адыгэлӀщ жыпӀэнщ.— Нал къута, 234

«Шы хъарзынэр игъэкӀуакъым», - ЖиӀэу Мусэ тӀэкӀу мэшхыдэ, «Ягъэ кӀынкъым – ар хъыджэбзкъэ», - ЖаӀэу фызхэм къыхуамыдэ.— Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 43

2. ЦӀыхугъэ зыхэлъ, цӀыхуфӀ.

Нурхьэлий укъигъэпцӀэнкӀэ хъунщ, итӀанэ кӀуэдакъэ псори, щӀалэ хъарзынэри мыхьэнэншэу хокӀуадэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 225

+2 örnek

Уэ бгъэунэхъуа лӀы хъарзынэ къомыр тхьэм емылъэӀу уи гугъэ: «Я дэ ди тхьэу ди тхьэшхуэ, дунейкӀэ дэ тшэч хьэзабыр Къэрэжь ахърэткӀэ и фэм дэгъэкӀ», - жаӀэу?— Лъапсэ, 104

[Рахьим:] – Пхъу хъарзынэ уиӀэщ, Дисэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 131

3. Зи ӀэщӀагъэм фӀыуэ хэзыщӀыкӀ.

[Шаукэт Къадым жриӀэу:] Ӏэзэ хъарзынэ къуажэм дэсу жаӀэ – ущӀэупщӀа?— Аргъуей, 388

Kitapta geçtiği hali

ХЪАРЗЫНЭ (87). плъыф. 1. (40). ФӀы, дагъуэншэ, гурыхь. ЩӀыр ягуэшу, явэу, гъавэ хъарзынэ къагъэхъуами, я нартыхур псоми къыдачыжыфакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 278. Абы нэхъейуэ, лъахъстэн мест хъарзынэри дэнэ къриха – зи адыгэлӀщ жыпӀэнщ. Нал къута, 234. «Шы хъарзынэр игъэкӀуакъым», - ЖиӀэу Мусэ тӀэкӀу мэшхыдэ, «Ягъэ кӀынкъым – ар хъыджэбзкъэ», - ЖаӀэу фызхэм къыхуамыдэ. Колхоз шыгъажэм. «Партыр ди пашэу», 43. 2. (46). ЦӀыхугъэ зыхэлъ, цӀыхуфӀ. Нурхьэлий укъигъэпцӀэнкӀэ хъунщ, итӀанэ кӀуэдакъэ псори, щӀалэ хъарзынэри мыхьэнэншэу хокӀуадэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 225. Уэ бгъэунэхъуа лӀы хъарзынэ къомыр тхьэм емылъэӀу уи гугъэ: «Я дэ ди тхьэу ди тхьэшхуэ, дунейкӀэ дэ тшэч хьэзабыр Къэрэжь ахърэткӀэ и фэм дэгъэкӀ», - жаӀэу? Лъапсэ, 104. [Рахьим:] – Пхъу хъарзынэ уиӀэщ, Дисэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 131. 3. (1). Зи ӀэщӀагъэм фӀыуэ хэзыщӀыкӀ. [Шаукэт Къадым жриӀэу:] Ӏэзэ хъарзынэ къуажэм дэсу жаӀэ – ущӀэупщӀа? Аргъуей, 388.

Düzeltme Öner

хъарзынэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.