хъарбыз
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ЩӀыпӀэ хуабэхэм щагъэкӀ, зи пкъыр щӀым щылъу жэ хадэхэкӀ лӀэужьыгъуэ.
руарбуз обыкновенный (Citrulus vulgaris Schrad)
Хъарбыз упщӀэтэн.
Bu maddedeki ifadeler (5)
хъарбызитӀ зы ӀэкӀэ Ӏыгъын
рупогнаться за двумя зайцами.
хъарбыз къуэпс
Хъарбыз жэпкъым къыдэжа, хъарбызыр зыпищӀэ бынжэ, къуэпс.
руарбузная плетень
Хъарбыз къуэпсыр мэгъуж. Хъарбыз къуэпс цӀынэ.
хъарбыз фэгу
Хъарбызыфэм къыхэщӀыкӀа, сабий зэрагъэджэгу гу цӀыкӀу.
рудетская игрушечная арба из арбузной корки
ЩӀалэ цӀыкӀум хъарбыз фэгу кърешэкӀ.
хъарбыз фо
Хъарбызыпсым къыщӀагъэвыкӀ ӀэфӀыкӀэ.
руарбузное варенье
Хъарбыз фо шхын.
хъарбыз хадэ
Хъарбыз щагъэкӀ хьэсэ.
руарбузная бахча
Хъэрбыз хадэр пщӀэн.
Kitapta geçtiği hali
хъарбыз бот. арбуз обыкновенный (Citrulus vulgaris Schrad) / ЩӀыпӀэ хуабэхэм щагъэкӀ, зи пкъыр щӀым щылъу жэ хадэхэкӀ лӀэужьыгъуэ. Хъарбыз упщӀэтэн. ХъарбызитӀ зы ӀэкӀэ Ӏыгъын погнаться за двумя зайцами. хъарбыз къуэпс арбузная плетень / Хъарбыз жэпкъым къыдэжа, хъарбызыр зыпищӀэ бынжэ, къуэпс. Хъарбыз къуэпсыр мэгъуж. Хъарбыз къуэпс цӀынэ. хъарбыз фэгу детская игрушечная арба из арбузной корки / Хъарбызыфэм къыхэщӀыкӀа, сабий зэрагъэджэгу гу цӀыкӀу. ЩӀалэ цӀыкӀум хъарбыз фэгу кърешэкӀ. хъарбыз фо арбузное варенье / Хъарбызыпсым къыщӀагъэвыкӀ ӀэфӀыкӀэ. Хъарбыз фо шхын. хъарбыз хадэ арбузная бахча / Хъарбыз щагъэкӀ хьэсэ. Хъэрбыз хадэр пщӀэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩӀыпӀэ хуабэхэм щагъэкӀ, зи пкъыр щӀым щылъу жэ хадэхэкӀ лӀэужьыгъуэ.
Абдеж дыдэм колхозым щӀы къаӀихри [Темыркъан] хъарбыз хади ищӀат, гъуэгурыкӀуэм хъарбыз яригъэшхыну.— Нал къута, 210
+2 örnek
[Рау цӀыкӀухэм яжриӀэу:] – ФыныщӀыхьэ мо си пщыӀэ, Вэзгъэшхынущ хъарбыз щӀыӀэ.— Тисей, 480
Хъарбыз къутэжыгъуэм, хъарбыз щыблашкӀэ елъэӀумэ, тевэвэу блэкӀ выгур къэувыӀэнти хъарбыз зыщыплӀ къратынт, бэзэрым яхуу Ӏэщ блахумэ. Ари нэгузыужьыгъуэт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559
Kitapta geçtiği hali
ХЪАРБЫЗ (14). ЩӀыпӀэ хуабэхэм щагъэкӀ, зи пкъыр щӀым щылъу жэ хадэхэкӀ лӀэужьыгъуэ. Абдеж дыдэм колхозым щӀы къаӀихри [Темыркъан] хъарбыз хади ищӀат, гъуэгурыкӀуэм хъарбыз яригъэшхыну. Нал къута, 210. [Рау цӀыкӀухэм яжриӀэу:] – ФыныщӀыхьэ мо си пщыӀэ, Вэзгъэшхынущ хъарбыз щӀыӀэ. «Тисей», 480. Хъарбыз къутэжыгъуэм, хъарбыз щыблашкӀэ елъэӀумэ, тевэвэу блэкӀ выгур къэувыӀэнти хъарбыз зыщыплӀ къратынт, бэзэрым яхуу Ӏэщ блахумэ. Ари нэгузыужьыгъуэт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 559.