хуэӀыгъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хуеӀыгъ)
Зыгуэрым щхьэкӀэ Ӏыгъын, зыгуэрым и жыӀэкӀэ, и лъэӀукӀэ Ӏыгъын. Ӏэщ хуэӀыгъын.
руподержать кого-что-л. кому-л., для кого-л. (по чьей-л. просьбе, по чьему-л. требованию и т. п.)
Сабийр хуэӀыгъын.
(хуоӀыгъ)
Ӏыгъыфын.
русмочь подержать кого-что-л.
Шымыгъасэр хуоӀыгъ.
Kitapta geçtiği hali
хуэӀыгъын I (хуеӀыгъ) перех. гл. подержать кого-что-л. кому-л., для кого-л. (по чьей-л. просьбе, по чьему-л. требованию и т. п.) / Зыгуэрым щхьэкӀэ Ӏыгъын, зыгуэрым и жыӀэкӀэ, и лъэӀукӀэ Ӏыгъын. Ӏэщ хуэӀыгъын. Сабийр хуэӀыгъын. II (хуоӀыгъ) неперех. гл. смочь подержать кого-что-л. / Ӏыгъыфын. Шымыгъасэр хуоӀыгъ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хуоӀыгъ)
1. Зыгуэр быдэу ӀэкӀэ Ӏыгъыфын.
Лу кӀапсэр къызэрыӀэщӀыхьэу еӀащ, арщхьэкӀэ хуэӀыгъакъым, къехуэхыж пэтащ, щымыхъум езы Елдари кӀэлъыдэкӀуейрти Лу абы здихьырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 100
+1 örnek
– ПэгунитӀ мыгъуэр схуэӀыгъкъым, – жиӀэу Диси и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыжыр, къуэншагъэшхуэ ӀэщӀэщӀыхьа хуэдэу, езыр ягъэудэӀуным и пӀэкӀэ и нысэм и гур дахэ хуищӀыну и ужь итщ.— ГущӀэгъу, 420
2. Къалэ, къуажэ, с.ху. нэгъуэщӀым (бийм) Ӏэрымыгъэхьэн. -413.
Къалэм Къэрэмырзэр къыдэнащ, нэгъуэщӀ дэбгъэтӀысхьэмэ, яхуэӀыгъынукъым, жаӀэри.— Лыгъэ, 412
+2 örnek
Чопракъ ауз нэмыцэр къыдамыгъыхьэу тхуэӀыгъыну пӀэрэ, жыпӀэу ущӀыщӀэупщӀэни щыӀэкъым.— Нал къута, 257
Къалэ къащтар «фӀыгъ» жаӀэри дзэм иратри, езыхэр нэгъуэщӀ ӀэнатӀэ Ӏуувати, къалэр къызыхуагъэнам яхуэӀыгъакъым.— Лыгъэ, 411
3. Зыгуэр зыщӀыпӀэ умыгъакӀуэу щыгъэтыфын.
Апхуэдэ гъунэгъу иӀэу щӀалэ цӀыкӀухэр Урарэ хуэӀыгъынт, Инал сымэ жэщ-махуэ жамыӀэу урыс дадэ деж щӀэтт, Степан дэӀэпыкъуэгъу я гугъэми, хуащӀэ щӀагъуэ щымыӀэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 202
+1 örnek
«Бахъсэн событэм» и ужькӀэ румын пхъащӀэр яхуэӀыгъакъым.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527
Kitapta geçtiği hali
ХУЭӀЫГЪЫН (хуоӀыгъ) лъэмыӀ. (10). 1. (2). Зыгуэр быдэу ӀэкӀэ Ӏыгъыфын. Лу кӀапсэр къызэрыӀэщӀыхьэу еӀащ, арщхьэкӀэ хуэӀыгъакъым, къехуэхыж пэтащ, щымыхъум езы Елдари кӀэлъыдэкӀуейрти Лу абы здихьырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 100. – ПэгунитӀ мыгъуэр схуэӀыгъкъым, – жиӀэу Диси и щхьэм мыгъуагъэ хуехьыжыр, къуэншагъэшхуэ ӀэщӀэщӀыхьа хуэдэу, езыр ягъэудэӀуным и пӀэкӀэ и нысэм и гур дахэ хуищӀыну и ужь итщ. ГущӀэгъу, 420. 2. (6). Къалэ, къуажэ, с.ху. нэгъуэщӀым (бийм) Ӏэрымыгъэхьэн. Къалэм Къэрэмырзэр къыдэнащ, нэгъуэщӀ дэбгъэтӀысхьэмэ, яхуэӀыгъынукъым, жаӀэри. Лыгъэ, 412-413. Чопракъ ауз нэмыцэр къыдамыгъыхьэу тхуэӀыгъыну пӀэрэ, жыпӀэу ущӀыщӀэупщӀэни щыӀэкъым. Нал къута, 257. Къалэ къащтар «фӀыгъ» жаӀэри дзэм иратри, езыхэр нэгъуэщӀ ӀэнатӀэ Ӏуувати, къалэр къызыхуагъэнам яхуэӀыгъакъым. Лыгъэ, 411. 3. (2). Зыгуэр зыщӀыпӀэ умыгъакӀуэу щыгъэтыфын. Апхуэдэ гъунэгъу иӀэу щӀалэ цӀыкӀухэр Урарэ хуэӀыгъынт, Инал сымэ жэщ-махуэ жамыӀэу урыс дадэ деж щӀэтт, Степан дэӀэпыкъуэгъу я гугъэми, хуащӀэ щӀагъуэ щымыӀэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 202. «Бахъсэн событэм» и ужькӀэ румын пхъащӀэр яхуэӀыгъакъым. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 527.