хуэшэчын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хуешэч)

Зыгуэрым щхьэкӀэ шэчалъэкӀэ зыгуэр шэчын.

рувзвесить, отвесить что-л. для кого-л., кому-л.

Гуэдзыр яхуэшэчын.

(хуошэч)

Шэчыфын.

русмочь взвесить, отвесить что-л.

(хуешэч)

Зыгуэрым щхьэкӀэ, и хьэтыркӀэ шэчын, фэм, гум, къарум дэгъэхуэн.

рувытерпеть, вынести, снести что-л., от кого-л.

Уэ мы цӀыхум яхуэпшэчыр, сэ тхьэ соӀуэ, ишэчыфыну зы цӀыху дунейм темыт.— ДыщэкӀ Мухьэмэд

(хуошэч)

Шэчыфын, фэм, къарум, гум дигъэхуэфын.

русуметь вытерпеть, вынести, снести что-л.

Гугъуехьыр хуэшэчын. Уз хуэшэчын.

Kitapta geçtiği hali

хуэшэчын I (хуешэч) перех. гл. взвесить, отвесить что-л. для кого-л., кому-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ шэчалъэкӀэ зыгуэр шэчын. Гуэдзыр яхуэшэчын. II (хуошэч) неперех. гл. смочь взвесить, отвесить что-л. / Шэчыфын. III (хуешэч) перех. гл. вытерпеть, вынести, снести что-л., от кого-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ, и хьэтыркӀэ шэчын, фэм, гум, къарум дэгъэхуэн. * Уэ мы цӀыхум яхуэпшэчыр, сэ тхьэ соӀуэ, ишэчыфыну зы цӀыху дунейм темыт. Д. М. IV (хуошэч) неперех. гл. суметь вытерпеть, вынести, снести что-л. / Шэчыфын, фэм, къарум, гум дигъэхуэфын. Гугъуехьыр хуэшэчын. Уз хуэшэчын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хуешэч)

Зыгуэрым щхьэкӀэ тэрэзэкӀэ зыгуэр шэчын.

[Рау:] Тхылъ – нарядыр иӀэу къакӀуэм Ефт хъарбызыр хуэфшэчауэ, ХъарбызыфӀхэр ӀэкӀуэлъакӀуэу ЩыӀэщ модэ къыщӀэчауэ— Тисей, 481

(хуешэч)

Зыгуэрым щхьэкӀэ, и хьэтыркӀэ шэчын.

Лу абы [Чачэ егъэджэным] бэлыхьу дишэчар хэт пхуишэчын?— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502

Atasözleri (1)

зыхуэмышэчыр пщтырафэщ

ЗызымыӀыгъыф, цӀыху псынщӀэм щхьэкӀэ жаӀэ.

ПщӀыхьэпӀэ дахэм сыхэту Уи лъагъуныгъэр исфакъэ, Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ, ЖезыгъэӀари сэракъэ.— Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216

(хуошэч)

Шэчыфын, фэм, къарум, гум дигъэхуэфын.

Иринэ зэанэзэпхъум зэжраӀар къыгурыӀуакъым, итӀани тӀури гъыуэ щилъагъум, хуэмышэчу езыри къэгъащ.— Нал къута, 224

+2 örnek

Хуэмышэчу и гум кърихухэр, зытегузэвыхьи сыти къимыгъанэу, Астемыр псори жриӀащ и фызым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641

ИкӀэм-икӀэжым, дадэм хуэмышэчу зихуэпэжри нэхулъэ къыщищӀ дыдэм фэтэрым къыщӀэкӀуэсыкӀыжри макӀуэ-мэлъей, автостанцым къэсащ, япэ текӀ автобусым къитӀысхьэну.— КӀапсэ кӀапэ, 17

Kitapta geçtiği hali

ХУЭШЭЧЫН I (хуешэч) лъэӀ. (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ тэрэзэкӀэ зыгуэр шэчын. [Рау:] Тхылъ – нарядыр иӀэу къакӀуэм Ефт хъарбызыр хуэфшэчауэ, ХъарбызыфӀхэр ӀэкӀуэлъакӀуэу ЩыӀэщ модэ къыщӀэчауэ. «Тисей», 481.

ХУЭШЭЧЫН II (хуешэч) лъэӀ. (1). Зыгуэрым щхьэкӀэ, и хьэтыркӀэ шэчын. Лу абы [Чачэ егъэджэным] бэлыхьу дишэчар хэт пхуишэчын? Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 502. ☐ Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ (1). ЗызымыӀыгъыф, цӀыху псынщӀэм щхьэкӀэ жаӀэ. ПщӀыхьэпӀэ дахэм сыхэту Уи лъагъуныгъэр исфакъэ, Зыхуэмышэчыр пщтырафэщ, ЖезыгъэӀари сэракъэ. Уэрэдибл. «Дамыгъэ», 216.

ХУЭШЭЧЫН III (хуошэч) лъэмыӀ. (73). Шэчыфын, фэм, къарум, гум дигъэхуэфын. Иринэ зэанэзэпхъум зэжраӀар къыгурыӀуакъым, итӀани тӀури гъыуэ щилъагъум, хуэмышэчу езыри къэгъащ. Нал къута, 224. Хуэмышэчу и гум кърихухэр, зытегузэвыхьи сыти къимыгъанэу, Астемыр псори жриӀащ и фызым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641. ИкӀэм-икӀэжым, дадэм хуэмышэчу зихуэпэжри нэхулъэ къыщищӀ дыдэм фэтэрым къыщӀэкӀуэсыкӀыжри макӀуэ-мэлъей, автостанцым къэсащ, япэ текӀ автобусым къитӀысхьэну. КӀапсэ кӀапэ, 17.

Düzeltme Öner

хуэшэчын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.