хуэхьыжын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хуехьыж)

1. Зыгуэрым зыгуэр Ӏэрыгъэхьэн.

руотнести что-л. обратно кому-л.

2. Зыгуэрым и хьэтыркӀэ, и лъэӀукӀэ, и жыӀэкӀэ зыщӀыпӀэ зыгуэр хьыжын.

руотнести что-л. куда-л. для кого-л. (ради кого-л., по просьбе, требованию кого- л.)

Kitapta geçtiği hali

хуэхьыжын (хуехьыж) перех. гл. 1. отнести что-л. обратно кому-л. / Зыгуэрым зыгуэр Ӏэрыгъэхьэн. 2. отнести что-л. куда-л. для кого-л. (ради кого-л., по просьбе, требованию кого- л.) / Зыгуэрым и хьэтыркӀэ, и лъэӀукӀэ, и жыӀэкӀэ зыщӀыпӀэ зыгуэр хьыжын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хуехьыж)

1. Зыгуэр зыгуэрым Ӏэрыгъэхьэжын, етыжын. -458.

Си гум зыгуэр къэкӀри занщӀэу сыкъэуӀэбжьащ: догуэ, нэху ща нэужь, упщӀэ сызытелъыр, бацэ шхыӀэнымрэ щхьэнтэмрэ къыдэзыта фызым щыхуэтхьыжым деж фочыр къызжьэхиубыдэрэ «накӀуэ мылицэм, уи блэгущӀэм щӀэлъу пхьыр фызабэм къыфӀэбдыгъуащ» жиӀэрэ си ужьым къиувэмэ, цӀыхум я фӀэщ мыхъуу къэнэн— МелыӀыч, 457

2. Мурад гуэркӀэ зыгуэр хьыжын.

Ар [шырыкъур] слъыгъыу бийхэм сатекӀуащи, Сэ ар гуфӀэгъуэм хуэсхьыжынщ.— Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11

(хуохьыж)

1. Зыгуэр хуэхьыжыфын.

[Алыджыкъуэ:] ПщӀантӀэм сызэрыдыхьэу сыщӀихуауэ лъэбакъуэ зытхух нэхъыбэ схуэмыхьыжу пхъэ гъумыжьыр хыфӀэздзэри сыбауэ-сыбабщэу хьэмбыӀуу сытӀысащ.— МелыӀыч, 439

+1 örnek

Жыгыу лӀыжьым пиупщӀауэ Хуэмыхьыжу къигъанэри ЩӀалэр кӀуэри ар къищтауэ, Ехьыр— Тисей, 505

2. Зыгуэр шэчыжыфын.

[Думэсарэ:] – Алыхьым иухауэ къыщӀэкӀынкъым дэ тыншу дыпсэуну, схуэхьыжыркъым, Нанэ…— Хъуэпсэгъуэ нур, 282

+2 örnek

[Хьэбибэ:] Сэри схуэхьыжыркъым.— Щынэхужьыкъуэ, 25

Ахъшэ хуэныкъуэм афӀэкӀа хуэхьыжакъым: – АтӀэ апхуэдизу уахъшэншэу ущӀэпсэуни щыӀэкъым, – жиӀэри зыкъызэкъуихащ, къеуэри зи гуфӀакӀэ хуабэу зыхуигъэфащэр пӀэтӀауэу, лъэкъуауэу ежьэжащ.— Лыгъэ, 409

Kitapta geçtiği hali

ХУЭХЬЫЖЫН I (хуехьыж) лъэӀ. (3). 1. (1). Зыгуэр зыгуэрым Ӏэрыгъэхьэжын, етыжын. Си гум зыгуэр къэкӀри занщӀэу сыкъэуӀэбжьащ: догуэ, нэху ща нэужь, упщӀэ сызытелъыр, бацэ шхыӀэнымрэ щхьэнтэмрэ къыдэзыта фызым щыхуэтхьыжым деж фочыр къызжьэхиубыдэрэ «накӀуэ мылицэм, уи блэгущӀэм щӀэлъу пхьыр фызабэм къыфӀэбдыгъуащ» жиӀэрэ си ужьым къиувэмэ, цӀыхум я фӀэщ мыхъуу къэнэн? МелыӀыч, 457-458. 2. (1). Мурад гуэркӀэ зыгуэр хьыжын. Ар [шырыкъур] слъыгъыу бийхэм сатекӀуащи, Сэ ар гуфӀэгъуэм хуэсхьыжынщ. Сэлэт шырыкъу. «Шум и гъуэгу», 11.

ХУЭХЬЫЖЫН II (хуохьыж) лъэмыӀ. (6). 1. (2). Зыгуэр хуэхьыжыфын. [Алыджыкъуэ:] ПщӀантӀэм сызэрыдыхьэу сыщӀихуауэ лъэбакъуэ зытхух нэхъыбэ схуэмыхьыжу пхъэ гъумыжьыр хыфӀэздзэри сыбауэ-сыбабщэу хьэмбыӀуу сытӀысащ. МелыӀыч, 439. Жыгыу лӀыжьым пиупщӀауэ Хуэмыхьыжу къигъанэри ЩӀалэр кӀуэри ар къищтауэ, Ехьыр. «Тисей», 505. 2. (4). Зыгуэр шэчыжыфын. [Думэсарэ:] – Алыхьым иухауэ къыщӀэкӀынкъым дэ тыншу дыпсэуну, схуэхьыжыркъым, Нанэ… Хъуэпсэгъуэ нур, 282. [Хьэбибэ:] Сэри схуэхьыжыркъым. Щынэхужьыкъуэ, 25. Ахъшэ хуэныкъуэм афӀэкӀа хуэхьыжакъым: – АтӀэ апхуэдизу уахъшэншэу ущӀэпсэуни щыӀэкъым, – жиӀэри зыкъызэкъуихащ, къеуэри зи гуфӀакӀэ хуабэу зыхуигъэфащэр пӀэтӀауэу, лъэкъуауэу ежьэжащ. Лыгъэ, 409.

Düzeltme Öner

хуэхьыжын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.