хуэукӀын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хуеукӀ)

1. Зыгуэрым щхьэкӀэ укӀын (ныш, джэд къ.). Гуэгуш хуэукӀын.

рузаколоть (животное) для кого-л. (в честь кого-л., по чьей- л. просьбе)

2. Зыгуэрым и лъэӀукӀэ, и унафэкӀэ убэрэжьын.

рупобить, избить кого-л. для кого-л. (по просьбе кого-л., по чьему-л. приказу и т. п.)

3. Зыгуэрым и унафэкӀэ, и лъэӀукӀэ, и хьэтыркӀэ зыгуэр укӀын, и псэр гъэнын.

руубить кого-л. для кого-л. (в угоду кому-л., по воле кого-л. и т. п.)

(хуоукӀ)

1. УкӀыфын (Ӏэщ, гуэгуш).

русуметь зарезать, заколоть (животное)

2. Убэрэжьыфын.

русуметь побить, отколотить кого-л.

3. И псэр гъэныфын (фоч, кӀэрахъуэ с. ху.).

русуметь убить кого-л.

Kitapta geçtiği hali

хуэукӀын I (хуеукӀ) перех. гл. 1. заколоть (животное) для кого-л. (в честь кого-л., по чьей- л. просьбе) / Зыгуэрым щхьэкӀэ укӀын (ныш, джэд къ.). Гуэгуш хуэукӀын. 2. побить, избить кого-л. для кого-л. (по просьбе кого-л., по чьему-л. приказу и т. п.) / Зыгуэрым и лъэӀукӀэ, и унафэкӀэ убэрэжьын. 3. убить кого-л. для кого-л. (в угоду кому-л., по воле кого-л. и т. п.) / Зыгуэрым и унафэкӀэ, и лъэӀукӀэ, и хьэтыркӀэ зыгуэр укӀын, и псэр гъэнын. II (хуоукӀ) неперех. гл. 1. суметь зарезать, заколоть (животное) / УкӀыфын (Ӏэщ, гуэгуш). 2. суметь побить, отколотить кого-л. / Убэрэжьыфын. 3. суметь убить кого-л. / И псэр гъэныфын (фоч, кӀэрахъуэ с. ху.).

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хуеукӀ)

Зыгуэрым щхьэкӀэ укӀын (п. п. ныш, джэд къ.).

Унэгуащэм джэдкъазыр щигъашхэм яхэплъэмэ, Джэлил фӀэкӀа адакъэ яхэмытыжу елъагъу, мыр сыукӀмэ, адакъэ яхэмыту джэдыр гъэхъуа хъун, жиӀэри хьэщӀэ къэкӀуам гуэгуш хуиукӀащ, иджыри гуэгушым уэс яӀумыхуа пэтрэ.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477

+2 örnek

– Япэм жиӀэрт: «Ныш схуэбукӀым, хьэщӀэу сынэкӀуэнщ», – жиӀэрти, иджы ныш хуэмей дэнэ къэна, езым [старшинэм] ныш пхуиукӀынщ, укӀуэну ищӀэмэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 195

И хьэщӀэм нышу хуеукӀыр И щынэгъашхэу иӀари.— Адэ, 133

Kitapta geçtiği hali

ХУЭУКӀЫН (хуеукӀ) лъэӀ. (6). Зыгуэрым щхьэкӀэ укӀын (п. п. ныш, джэд къ.). Унэгуащэм джэдкъазыр щигъашхэм яхэплъэмэ, Джэлил фӀэкӀа адакъэ яхэмытыжу елъагъу, мыр сыукӀмэ, адакъэ яхэмыту джэдыр гъэхъуа хъун, жиӀэри хьэщӀэ къэкӀуам гуэгуш хуиукӀащ, иджыри гуэгушым уэс яӀумыхуа пэтрэ. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 477. – Япэм жиӀэрт: «Ныш схуэбукӀым, хьэщӀэу сынэкӀуэнщ», – жиӀэрти, иджы ныш хуэмей дэнэ къэна, езым [старшинэм] ныш пхуиукӀынщ, укӀуэну ищӀэмэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 195. И хьэщӀэм нышу хуеукӀыр И щынэгъашхэу иӀари. «Адэ», 133.

Düzeltme Öner

хуэукӀын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.