хуэпэн
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
фэпэн/хуэпэн (ефапэ/ехуапэ); зыщегъэлъэн/зыщегъэтӀэгъэн (зыщырегъалъэ/зыщрегъэтӀагъэ) ; GİYDİRMEK
фэпэн/хуэпэн GİYDİRMEK
хуэпэн/фэпэн; GİYDİRMEK
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(ехуапэ)
1. Щыгъын щытӀэгъэн.
руодеть кого-л. (в какую-л. одежду)
Сымаджэр хуэпэн.
2. ЩыгъынкӀэ зыгуэр зыхуей хуэгъэзэн.
руодеть, обеспечить одеждой кого-л.
Быныр хуэпэн.
Kitapta geçtiği hali
хуэпэн (ехуапэ) перех. гл. 1. одеть кого-л. (в какую-л. одежду) / Щыгъын щытӀэгъэн. Сымаджэр хуэпэн. 2. одеть, обеспечить одеждой кого-л. / ЩыгъынкӀэ зыгуэр зыхуей хуэгъэзэн. Быныр хуэпэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(ехуапэ)
1. Щыгъын щытӀэгъэн.
Чачэ занщӀэу жылэм яхыхьэнт: плъагъурэ абыхэм я бзаджагъэр, щӀалэр яхуапэ цӀыхубз щыгъынкӀи хъыджэбзым ӀэплӀэ хурагъэщӀ, жылэр къеплъу, жиӀэнти.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639
+2 örnek
Асыхьэтым бжэр къыӀуихри езы Къулыр бжэщхьэӀум къытеуващ, военнэ фащэкӀэ хуэпауэ.— Нал къута, 238
Ар къызэрыкӀуэнур зыщӀэ Раисэ Муратовнэ абы къыпэплъэу, зыкърихыжу хуэпауэ, дыхумэ дахэри пэшым къыщӀихыу щыст.— Лъапсэ, 80
2. ЩыгъынкӀэ зыгуэр зыхуей хуэгъэзэн.
Лу жыпӀэнущи, дыдымеижу жеӀэ, школым щӀэсщи йоджэ, ягъашхэ, яхуапэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 552
+2 örnek
Машинэри зыгуэрт – взводыр е хуэпакъым, е Ӏэщэ къудей къратакъым.— Щынэхужьыкъуэ, 29
Саримэ зыхэт хъыджэбзхэм къахэщырт, псом нэхърэ нэхъ фейцейуэ хуэпа пэтми.— Хъуэпсэгъуэ нур, 97
Kitapta geçtiği hali
ХУЭПЭН (ехуапэ) лъэмыӀ. (33). 1. (23). Щыгъын щытӀэгъэн. Чачэ занщӀэу жылэм яхыхьэнт: плъагъурэ абыхэм я бзаджагъэр, щӀалэр яхуапэ цӀыхубз щыгъынкӀи хъыджэбзым ӀэплӀэ хурагъэщӀ, жылэр къеплъу, жиӀэнти. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 639. Асыхьэтым бжэр къыӀуихри езы Къулыр бжэщхьэӀум къытеуващ, военнэ фащэкӀэ хуэпауэ. Нал къута, 238. Ар къызэрыкӀуэнур зыщӀэ Раисэ Муратовнэ абы къыпэплъэу, зыкърихыжу хуэпауэ, дыхумэ дахэри пэшым къыщӀихыу щыст. Лъапсэ, 80. 2. (10). ЩыгъынкӀэ зыгуэр зыхуей хуэгъэзэн. Лу жыпӀэнущи, дыдымеижу жеӀэ, школым щӀэсщи йоджэ, ягъашхэ, яхуапэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 552. Машинэри зыгуэрт – взводыр е хуэпакъым, е Ӏэщэ къудей къратакъым. Щынэхужьыкъуэ, 29. Саримэ зыхэт хъыджэбзхэм къахэщырт, псом нэхърэ нэхъ фейцейуэ хуэпа пэтми. Хъуэпсэгъуэ нур, 97.