хуэпщэфӀэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хуопщафӀэ)
Зыгуэрым щхьэкӀэ пщэфӀэн, зыгуэрым шхын хуэгъэхьэзырын.
руготовить, стряпать кому-л., для кого-л.
КъуийцӀыкӀу хьэщӀэхэм яхуэпщафӀэри игъэшхащ, игъатхъэри иутӀыпщыжащ.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
хуэпщэфӀэн (хуопщафӀэ) неперех. гл. готовить, стряпать кому-л., для кого-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ пщэфӀэн, зыгуэрым шхын хуэгъэхьэзырын. * КъуийцӀыкӀу хьэщӀэхэм яхуэпщафӀэри игъэшхащ, игъатхъэри иутӀыпщыжащ. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хуопщафӀэ)
Зыгуэрым щхьэкӀэ пщэфӀын, зыгуэрым шхын хуэгъэхьэзырын.
Мусэ и фыз дахэ Мэрят къыхуэпщафӀэу унэм зэрыщӀэсыр псоми ящӀэ, псом хуэмыдэжу Мэсхьуд ар и гурыфӀыгъуэщ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 53
+2 örnek
Думэсарэ джэд лыбжьэкӀэ зэрыӀэкӀуэлъакӀуэр Къэбэрдей хэкум ящӀэрт, хьэщӀэми хуэмыпщэфӀэну Ӏэмал иӀэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 567
Си гур дахэ ищӀыну арагъэнт, езыр [цӀыхубзыр] фӀыуэ схуэпщэфӀауэ гу лъыстащи.— МелыӀыч, 440
Kitapta geçtiği hali
ХУЭПЩЭФӀЭН (хуопщафӀэ) лъэмыӀ. (5). Зыгуэрым щхьэкӀэ пщэфӀын, зыгуэрым шхын хуэгъэхьэзырын. Мусэ и фыз дахэ Мэрят къыхуэпщафӀэу унэм зэрыщӀэсыр псоми ящӀэ, псом хуэмыдэжу Мэсхьуд ар и гурыфӀыгъуэщ. Хъуэпсэгъуэ нур, 53. Думэсарэ джэд лыбжьэкӀэ зэрыӀэкӀуэлъакӀуэр Къэбэрдей хэкум ящӀэрт, хьэщӀэми хуэмыпщэфӀэну Ӏэмал иӀэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 567. Си гур дахэ ищӀыну арагъэнт, езыр [цӀыхубзыр] фӀыуэ схуэпщэфӀауэ гу лъыстащи. МелыӀыч, 440.