хуэпщылӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хуопщылӀ)
1. Зыгуэрым пщылӀу хущытын.
рубатрачить у кого-л.
Уилъ схуэзыщӀэж мыгъуэм си кӀэтӀийр си лъэпсу сыхуэпщылӀынт.— ӀуэрыӀуатэ
2. ФӀыщӀэ лъэпкъ зыпымылъ лэжьыгъэ зыгуэрым хуэщӀэн, егъэлеяуэ зыгуэрым гугъу зыхуегъэхьын.
рупросторечие ишачить на кого-л.
Kitapta geçtiği hali
хуэпщылӀын (хуопщылӀ) неперех. гл. 1. батрачить у кого-л. / Зыгуэрым пщылӀу хущытын. * Уилъ схуэзыщӀэж мыгъуэм си кӀэтӀийр си лъэпсу сыхуэпщылӀынт. фольк. 2. просторечие ишачить на кого-л. / ФӀыщӀэ лъэпкъ зыпымылъ лэжьыгъэ зыгуэрым хуэщӀэн, егъэлеяуэ зыгуэрым гугъу зыхуегъэхьын.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хуопщылӀ)
1. Зыгуэрым пщылӀу хущытын.
Япэм зэрыщытам хуэдэу, зыгъашхэм хуэпщылӀу къиджэдыхьынкъым, лажьэмэ, ишхын игъуэтынщ, жаӀэрт ар зэхэзыхым— Хъуэпсэгъуэ нур, 136
+2 örnek
Хэт узыхуэпщылӀыр жиӀэу къоупщӀа слъагъуркъым, сыщӀыноджар аракъым, – жиӀэри гъукӀэм и псалъэр Къетау зэпиудащ.— Лъапсэ, 60
– АтӀэ, иджы Карауловыр ара узыхуэпщылӀыр? – жиӀэри Астемыр зэгуэпауэ къещащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 197
2. Егъэлеяуэ зыгуэрым (диным) гугъу зыдегъэхьын.
Сэ ӀитӀщ сиӀэр, гъукӀэм и ӀитӀыр къишийри къаригъэлъэгъуащ, – Лъэпщ зы тхьэшхуэм хуэпщылӀащ, сэ си деж къакӀуэ псоми срапщылӀу къалъытэ…— Лъапсэ, 60
+2 örnek
Плъагъуркъэ Астемыр и пэшэгъур, жылэр мэжджытым макӀуэ, Алыхь талэм хуопщылӀ, езыр унэм дэсщ, джаур хьэщӀэ кърегъэблагъэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 200
[Лу Таша жриӀэу:] АтӀэ, узыхуей псори къыпхуащӀэу, уеблэмэ музыки урагъауэу, уэ нэщӀ уису, Алыхьым у
Kitapta geçtiği hali
ХУЭПЩЫЛӀЫН (хуопщылӀ) лъэмыӀ. (11). 1. (6). Зыгуэрым пщылӀу хущытын. Япэм зэрыщытам хуэдэу, зыгъашхэм хуэпщылӀу къиджэдыхьынкъым, лажьэмэ, ишхын игъуэтынщ, жаӀэрт ар зэхэзыхым. Хъуэпсэгъуэ нур, 136. Хэт узыхуэпщылӀыр жиӀэу къоупщӀа слъагъуркъым, сыщӀыноджар аракъым, – жиӀэри гъукӀэм и псалъэр Къетау зэпиудащ. Лъапсэ, 60. – АтӀэ, иджы Карауловыр ара узыхуэпщылӀыр? – жиӀэри Астемыр зэгуэпауэ къещащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 197. 2. (5). Егъэлеяуэ зыгуэрым (диным) гугъу зыдегъэхьын. Сэ ӀитӀщ сиӀэр, гъукӀэм и ӀитӀыр къишийри къаригъэлъэгъуащ, – Лъэпщ зы тхьэшхуэм хуэпщылӀащ, сэ си деж къакӀуэ псоми срапщылӀу къалъытэ…Лъапсэ, 60. Плъагъуркъэ Астемыр и пэшэгъур, жылэр мэжджытым макӀуэ, Алыхь талэм хуопщылӀ, езыр унэм дэсщ, джаур хьэщӀэ кърегъэблагъэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 200. [Лу Таша жриӀэу:] АтӀэ, узыхуей псори къыпхуащӀэу, уеблэмэ музыки урагъауэу, уэ нэщӀ уису, Алыхьым у