хуэдэу

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. И щӀыкӀэ, щытыкӀэ с. ху. зыгуэрым ещхьу.

рукак, словно; подобно тому, как

Сэтэней зи щхьэцыр хужьыбзэ хъуа фызыжьт, ауэ унагъуэр, нэхъ фыз щӀалэм хуэдэу, дэгъуэу зэрихьэт.— ДыщэкӀ Мухьэмэд

2. Зи пэжыпӀэр ямыщӀэ гуэрым щытепсэлъыхьым деж къагъэсэбэп.

рубудто, как будто, вроде

ХьэщӀэ къэкӀуэн хуэдэу зэхэсхащ.

+1 örnek

Гурыщхъуэ зыщӀам и гур Ӏэджэм мажэ, сыт зэхихми, зыгуэр къраӀуэкӀ хуэдэу къыщохъу.— Къэрмокъуэ Хьэмид

Псалъэухам щыщу зытепсэлъыхьымрэ щӀытепсэлъыхь мурадымрэ къэзыгъэлъагъуэ Ӏыхьэхэр зэрепх.

русоюз чтоб, чтобы

{Хьэмид и гъусэхэм яжреӀэ:} - Хьэпшып лейуэ диӀэхэри быдапӀэ гуэрым и деж, ямыгъуэтын хуэдэу, щывгъэтӀылъхэ.— ДыщэкӀ Мухьэмэд

Kitapta geçtiği hali

хуэдэу I нареч. 1. как, словно; подобно тому, как / И щӀыкӀэ, щытыкӀэ с. ху. зыгуэрым ещхьу. * Сэтэней зи щхьэцыр хужьыбзэ хъуа фызыжьт, ауэ унагъуэр, нэхъ фыз щӀалэм хуэдэу, дэгъуэу зэрихьэт. Д. М. 2. будто, как будто, вроде / Зи пэжыпӀэр ямыщӀэ гуэрым щытепсэлъыхьым деж къагъэсэбэп. ХьэщӀэ къэкӀуэн хуэдэу зэхэсхащ. * Гурыщхъуэ зыщӀам и гур Ӏэджэм мажэ, сыт зэхихми, зыгуэр къраӀуэкӀ хуэдэу къыщохъу. Къэр. Хь. II союз чтоб, чтобы / Псалъэухам щыщу зытепсэлъыхьымрэ щӀытепсэлъыхь мурадымрэ къэзыгъэлъагъуэ Ӏыхьэхэр зэрепх. * {Хьэмид и гъусэхэм яжреӀэ:} - Хьэпшып лейуэ диӀэхэри быдапӀэ гуэрым и деж, ямыгъуэтын хуэдэу, щывгъэтӀылъхэ. Д. М.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. И щӀыкӀэ, щытыкӀэ с. ху. зыгуэрым ещхьу -586.

[Ӏурарэ:] Нобэ цӀыхубз къытхыхьари щынэм хуэдэу Ӏущащэу, джэдым хуэдэу быныфӀэу, нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэми нэ ӀейкӀэ емыплъу, уи анэжьыр илъагъумэ, къыхуэгуфӀэу, имылъагъуми къыхуэзэшу хъун нысэ тхьэм тхуищӀ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585

+2 örnek

Сеймэн зыгуэр къыпищэнут, арщхьэкӀэ абы нимыгъэсу Мэмэт-щӀакъуэр къеуэщ, къриудыхри шыгухур псым хэхуащ, ерэн зэрыт фэндыжьым хуэдэу.— Лъапсэ, 51

Уеблэмэ Бэлацэ идакъым: «АтӀэ, аращ, лӀыгъэр адэ щӀэинкъым, джэдыгужьым хуэдэу», – жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 158

2. Зи пэжыпӀэр ямыщӀэ гуэрым щытепсэлъыхьым деж къагъэсэбэп.

Жэщ хъумэ, Нурхьэлий и пкӀэунэм зыгуэрхэр къихьэ хуэдэу къыфӀэщӀырт, мышынэу къэтэджыфыртэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 106

+2 örnek

ЩӀалэхэм нартыхущхьэ зырыз яӀыгъыу щашхкӀэ, Хьэбибэ жыг къуагъым къуэту еплъырт, и нэр теплъызэмэ, Албиян артиллеристхэм яхэс хуэдэу къыфӀэщӀырт.— Нал къута, 233

Апчарэ псы Ӏуфэм Ӏуту хадапхэ дыдэмкӀэ щыӀэщ, псыӀэрышэм и макъым едаӀуэ хуэдэу.— Щынэхужьыкъуэ, 33

3. Бжыгъэ, Ӏыхьэ с. ху. зыгуэрым щрагъапщэм деж къагъэсэбэп.

[Шаукэт:] Уэ [Къадым] къэбгъэщӀам хуэдэу тӀу къэзгъэщӀами.— Аргъуей, 387

+2 örnek

Абы хуэдэу и фэр зэрырахар щажесӀэм, ди адэм унафэ къысхуищӀащ: – КӀуэи, Анка щхьэкӀэ къыдатам хуэдэу тӀу ети, имыдэмэ – щы, шыр къэщэхуж, – жиӀэри.— Анка, 384

Уи ныбжьым хуэдэу бгъу згъэщӀащ, Ар пэтми си лъыр сэ сощӀэж.— ЩӀэпхъуэжахэр. «Шум и гъуэгу», 53

Kitapta geçtiği hali

ХУЭДЭУ (694). нареч. 1. (668). И щӀыкӀэ, щытыкӀэ с. ху. зыгуэрым ещхьу. [Ӏурарэ:] Нобэ цӀыхубз къытхыхьари щынэм хуэдэу Ӏущащэу, джэдым хуэдэу быныфӀэу, нэхъыжьыр игъэпэжу, нэхъыщӀэми нэ ӀейкӀэ емыплъу, уи анэжьыр илъагъумэ, къыхуэгуфӀэу, имылъагъуми къыхуэзэшу хъун нысэ тхьэм тхуищӀ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585-586. Сеймэн зыгуэр къыпищэнут, арщхьэкӀэ абы нимыгъэсу Мэмэт-щӀакъуэр къеуэщ, къриудыхри шыгухур псым хэхуащ, ерэн зэрыт фэндыжьым хуэдэу. Лъапсэ, 51. Уеблэмэ Бэлацэ идакъым: «АтӀэ, аращ, лӀыгъэр адэ щӀэинкъым, джэдыгужьым хуэдэу», – жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 158. 2. (33). Зи пэжыпӀэр ямыщӀэ гуэрым щытепсэлъыхьым деж къагъэсэбэп. Жэщ хъумэ, Нурхьэлий и пкӀэунэм зыгуэрхэр къихьэ хуэдэу къыфӀэщӀырт, мышынэу къэтэджыфыртэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 106. ЩӀалэхэм нартыхущхьэ зырыз яӀыгъыу щашхкӀэ, Хьэбибэ жыг къуагъым къуэту еплъырт, и нэр теплъызэмэ, Албиян артиллеристхэм яхэс хуэдэу къыфӀэщӀырт. Нал къута, 233. Апчарэ псы Ӏуфэм Ӏуту хадапхэ дыдэмкӀэ щыӀэщ, псыӀэрышэм и макъым едаӀуэ хуэдэу. Щынэхужьыкъуэ, 33. 3. (3). Бжыгъэ, Ӏыхьэ с. ху. зыгуэрым щрагъапщэм деж къагъэсэбэп. [Шаукэт:] Уэ [Къадым] къэбгъэщӀам хуэдэу тӀу къэзгъэщӀами. Аргъуей, 387. Абы хуэдэу и фэр зэрырахар щажесӀэм, ди адэм унафэ къысхуищӀащ: – КӀуэи, Анка щхьэкӀэ къыдатам хуэдэу тӀу ети, имыдэмэ – щы, шыр къэщэхуж, – жиӀэри. Анка, 384. Уи ныбжьым хуэдэу бгъу згъэщӀащ, Ар пэтми си лъыр сэ сощӀэж. ЩӀэпхъуэжахэр. «Шум и гъуэгу», 53.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

gibisi sanki

Düzeltme Öner

хуэдэу
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.