хуэдэжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэхуэдэж)
ЗэфӀэлӀэн, гъууэ щӀидзэн (къэкӀыгъэхэм хужаӀэ).
руувянуть (о растении)
Удз гъэгъар хуэдэжын. Жыг тхьэмпэхэр мэхуэдэж.
Kitapta geçtiği hali
хуэдэжын (мэхуэдэж) неперех. гл. увянуть (о растении) / ЗэфӀэлӀэн, гъууэ щӀидзэн (къэкӀыгъэхэм хужаӀэ). Удз гъэгъар хуэдэжын. Жыг тхьэмпэхэр мэхуэдэж.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хуэдэжщ)
Зыгуэрым хуэдэу щытын, ещхьын.
[Джэлил къалэдэсым жриӀэу:] И быныр и адэм хуэмыдэжмэ, е я адэр и быным хуэмыдэжмэ, абы хуэдэри къэхъункӀэ мэхъу, – жеӀэри.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489
+2 örnek
Локотош Ӏей хъуа къудейтэкъым, езыри нэгъуэщӀ зыгуэр зэрыхъуар ӀупщӀт, япэм къибыргъукӀыу, нэжэгужэу, лъагъугъуафӀэу зэрыщытам хуэдэжтэкъым.— Нал къута, 241
Къылышбийм и зэманым хуэдэжкъым нобэрей зэманыр, тхылъ умыщӀэу къулыкъу пхузехьэнукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508
Kitapta geçtiği hali
ХУЭДЭЖЫН (хуэдэжщ) лъэмыӀ. (14). Зыгуэрым хуэдэу щытын, ещхьын. [Джэлил къалэдэсым жриӀэу:] И быныр и адэм хуэмыдэжмэ, е я адэр и быным хуэмыдэжмэ, абы хуэдэри къэхъункӀэ мэхъу, – жеӀэри. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 489. Локотош Ӏей хъуа къудейтэкъым, езыри нэгъуэщӀ зыгуэр зэрыхъуар ӀупщӀт, япэм къибыргъукӀыу, нэжэгужэу, лъагъугъуафӀэу зэрыщытам хуэдэжтэкъым. Нал къута, 241. Къылышбийм и зэманым хуэдэжкъым нобэрей зэманыр, тхылъ умыщӀэу къулыкъу пхузехьэнукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 508.