хуэдэ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
фэд/хуэдэ; AYNI (biri başkasına benzer)
хуэдэ/фэд; AYNI (biri başkasına benzer)
фэд/хуэдэ, ехьщ/ещхь, ехьщыр, иплъышъу/и плъыфэ; BENZER (biri diğerine ~)
ГУРЭ ПСЭКӀЭ, ГУРЭ ПСЭРЭКӀЭ, ПСЭЩЫЩ, ПСЭМ фэд/хуэдэ; CANDAN
фэд/хуэдэ, ехьщ/ещхь, ехьщыр; GİBİ
хуэдэ/фэд, ехьщыр, ехьщ/ещхь; GİBİ
ехьщ/ещхь, ехьщыр, фэд/хуэдэ; GİBİ, BENZER (biri diğerine ~)
ехьщыр, ехьщ/ещхь, фэд/хуэдэ; GİBİ, BENZER (biri diğerine ~)
ещхь/ехьщ, ехьщыр, фэд/хуэдэ; GİBİ, BENZER (biri diğerine ~)
ПСЭМ фэд/хуэдэ → ГУРЭ ПСЭКӀЭ; CANDAN
хуэдэ → фэд; BENZER (biri diğerine ~)
Bu sonuç kitaptaki 11 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: гурэ псэкӀэ, фэд
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зыгуэрым теплъэкӀэ, щытыкӀэкӀэ пэгъунэгъу; зыгуэрым ещхь.
руподобный кому-чему-л., сходный с кем-чем-л.
Абы хуэдэ гугъуехь мащӀэ и фэ дэкӀакъым Лу.— КӀыщокъуэ Алим
+1 örnek
. А шым хуэдэ зэикӀ ялъэгъуатэкъым.— ӀуэрыӀуатэ
рупослелог
1. И пэжыпӀэр ямыщӀэу, хуэгъэфэщауэ зыгуэрым щытепсэлъыхьым деж къагъэсэбэп.
рубудто, как будто
Жьыбгъэ къепщэн хуэдэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ уафэ лъащӀэр пшагъуэт. Зыгуэр къакӀуэ хуэдэ?
2. Зыр зым ирагъапщэу щытепсэлъыхькӀэ къагъэсэбэп.
руподобно чему-л., словно, как (употребляется в сравнительных оборотах)
Сабий хуэдэ мэджэгу.
3. Зыгуэрым и бжыгъэ, инагъ, хьэлъагъ къыщагъэлъэгъуэнум деж егъэщхьыгъэ мыхьэнэ къикӀыу къагъэсэбэп.
рустолько, сколько...
Хуэдэ тӀощӀ. Хуэдэ зыбжанэ.
Bu maddedeki ifadeler (1)
хуэдэ къабзэу
руточно так же.
Инал, япэм зэрыщытам хуэдэ къабзэу, тегушхуат, мурад ищӀам дихьэхауэ иужь итт.— КӀыщокъуэ Алим
Kitapta geçtiği hali
хуэдэ I подобный кому-чему-л., сходный с кем-чем-л. / Зыгуэрым теплъэкӀэ, щытыкӀэкӀэ пэгъунэгъу; зыгуэрым ещхь. * Абы хуэдэ гугъуехь мащӀэ и фэ дэкӀакъым Лу. КӀ. А. А шым хуэдэ зэикӀ ялъэгъуатэкъым. фольк. II послелог 1. будто, как будто / И пэжыпӀэр ямыщӀэу, хуэгъэфэщауэ зыгуэрым щытепсэлъыхьым деж къагъэсэбэп. Жьыбгъэ къепщэн хуэдэ, къуэкӀыпӀэмкӀэ уафэ лъащӀэр пшагъуэт. Зыгуэр къакӀуэ хуэдэ? 2. подобно чему-л., словно, как (употребляется в сравнительных оборотах) / Зыр зым ирагъапщэу щытепсэлъыхькӀэ къагъэсэбэп. Сабий хуэдэ мэджэгу. 3. столько, сколько... / Зыгуэрым и бжыгъэ, инагъ, хьэлъагъ къыщагъэлъэгъуэнум деж егъэщхьыгъэ мыхьэнэ къикӀыу къагъэсэбэп. Хуэдэ тӀощӀ. Хуэдэ зыбжанэ. Хуэдэ къабзэу точно так же. * Инал, япэм зэрыщытам хуэдэ къабзэу, тегушхуат, мурад ищӀам дихьэхауэ иужь итт. КӀ. А.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым теплъэкӀэ, щытыкӀэкӀэ пэгъунэгъу; зыгуэрым ещхь.
Щэулэхъу хуэдэ адыгэш зиӀэм и шэщыр унэм къыпищӀыхьырт, жэщкӀэ шыр шхэуэ е пырхъыу зэхихмэ, иригуфӀэу едэӀуэн щхьэкӀэ.— Нал къута, 265
+2 örnek
ЦӀыхубзыр къызыхэкӀар лӀакъуэлӀэш унагъуэщи, езым хуэдэ дэкӀуэжын хуейщ.— Лъапсэ, 62
Абы хуэдэ Ӏэджи щыӀэщ, итӀани Валерэ лӀы зэпӀэзэрыт къыхэкӀащ, и ныбжьэгъухэм къахэжэпхъыкӀа къудейкъым, къыпэрыуэм ятокӀуэ, напэ иӀэщ, нэмыси хэлъщ, къимылэжьа енэцӀыркъым, уи дзыхь ебгъэзмэ укъегъэпэж – и адэм ещхь хъуащ.— КӀапсэ кӀапэ, 7
Зыр зым ирагъапщэу щытепсэлъыхькӀэ къагъэсэбэп.
– А зинэкӀэ къалъхуа жьыныбэ къом, – жиӀэу Долэт и кӀэрахъуэжьыр къыщрилъэфым, пцӀащхъуэ цӀыкӀу хуэдэ, сабийхэр зэбгырыжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 270
+2 örnek
И рефлексыр хуитщ, пэбубыдӀауэ идэнукъым, нтӀэ, генэм хромосомхэр кӀэрыгъэбыдауэ щыткъым зым и пӀэм зыр йоувэ зы хабзэ гуэрым тету, ауэ щыхъукӀэ, и анэ еплъи ипхъу къашэ жиӀэмэ, анэм и хьэл-щэн къудейр аракъым зи гугъу ящӀыр, анэр зыхуэдэ генетическэ типым хуэдэ мэхъуж къилъхуа ипхъури.— Лъапсэ, 65
Пэжу, аслъэныр къакӀуэу щилъагъум, зэщӀэкӀэзызащ [Къыдырыр], арщхьэкӀэ къэрабгъэу фэ къызиплъмэ, ауан сыкъищӀу ежьэжынкӀэ мэхъу жиӀэри и кӀэ кӀагуэмкӀэ бадзэ еуэ хуэдэу аслъэным дежкӀэ нэбгъузкӀэ еплъэкӀыу тахътэм тест.— Кхъухь пхэнж, 499
Deyimler (1)
хуэдэ къабзэу
Зыгуэрым хуэдэ дыдэу, ещхь дыдэу.
Унэм щӀыхьэну дэкӀуеипӀэм щынэса дыдэм Сарими и гум къэкӀыжащ езыр яшауэ унэишэ щыхуащӀам, нобэ хуэдэ къабзэу лэгъунэм щӀашэ пэтрэ, шэ къытехуауэ зэрыщытар.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585
+2 örnek
Чыржынри Мэзкуу нэсыху, кхъужьым хуэдэ къабзэу пшхы хъунутэкъым – гъуатэрт, гъурти – мывэ хъурейм ещхьу къащти хэт ухуейми еуэ.— Щынэхужьыкъуэ, 20
Астемыр и лъакъуэм шэ къытехуат, ауэ уӀэгъэм ищӀыӀужкӀи Степан Ильич хуэдэ къабзэу, хуабэ уз пкърытт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 274
Kitapta geçtiği hali
ХУЭДЭ I (210). Зыгуэрым теплъэкӀэ, щытыкӀэкӀэ пэгъунэгъу; зыгуэрым ещхь. Щэулэхъу хуэдэ адыгэш зиӀэм и шэщыр унэм къыпищӀыхьырт, жэщкӀэ шыр шхэуэ е пырхъыу зэхихмэ, иригуфӀэу едэӀуэн щхьэкӀэ. Нал къута, 265. ЦӀыхубзыр къызыхэкӀар лӀакъуэлӀэш унагъуэщи, езым хуэдэ дэкӀуэжын хуейщ. Лъапсэ, 62. Абы хуэдэ Ӏэджи щыӀэщ, итӀани Валерэ лӀы зэпӀэзэрыт къыхэкӀащ, и ныбжьэгъухэм къахэжэпхъыкӀа къудейкъым, къыпэрыуэм ятокӀуэ, напэ иӀэщ, нэмыси хэлъщ, къимылэжьа енэцӀыркъым, уи дзыхь ебгъэзмэ укъегъэпэж – и адэм ещхь хъуащ. КӀапсэ кӀапэ, 7.
ХУЭДЭ II (175). Зыр зым ирагъапщэу щытепсэлъыхькӀэ къагъэсэбэп. – А зинэкӀэ къалъхуа жьыныбэ къом, – жиӀэу Долэт и кӀэрахъуэжьыр къыщрилъэфым, пцӀащхъуэ цӀыкӀу хуэдэ, сабийхэр зэбгырыжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 270. И рефлексыр хуитщ, пэбубыдӀауэ идэнукъым, нтӀэ, генэм хромосомхэр кӀэрыгъэбыдауэ щыткъым зым и пӀэм зыр йоувэ зы хабзэ гуэрым тету, ауэ щыхъукӀэ, и анэ еплъи ипхъу къашэ жиӀэмэ, анэм и хьэл-щэн къудейр аракъым зи гугъу ящӀыр, анэр зыхуэдэ генетическэ типым хуэдэ мэхъуж къилъхуа ипхъури. Лъапсэ, 65. Пэжу, аслъэныр къакӀуэу щилъагъум, зэщӀэкӀэзызащ [Къыдырыр], арщхьэкӀэ къэрабгъэу фэ къызиплъмэ, ауан сыкъищӀу ежьэжынкӀэ мэхъу жиӀэри и кӀэ кӀагуэмкӀэ бадзэ еуэ хуэдэу аслъэным дежкӀэ нэбгъузкӀэ еплъэкӀыу тахътэм тест. Кхъухь пхэнж, 499. ◊ Хуэдэ къабзэу (23). Зыгуэрым хуэдэ дыдэу, ещхь дыдэу. Унэм щӀыхьэну дэкӀуеипӀэм щынэса дыдэм Сарими и гум къэкӀыжащ езыр яшауэ унэишэ щыхуащӀам, нобэ хуэдэ къабзэу лэгъунэм щӀашэ пэтрэ, шэ къытехуауэ зэрыщытар. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585. Чыржынри Мэзкуу нэсыху, кхъужьым хуэдэ къабзэу пшхы хъунутэкъым – гъуатэрт, гъурти – мывэ хъурейм ещхьу къащти хэт ухуейми еуэ. Щынэхужьыкъуэ, 20. Астемыр и лъакъуэм шэ къытехуат, ауэ уӀэгъэм ищӀыӀужкӀи Степан Ильич хуэдэ къабзэу, хуабэ уз пкърытт. Хъуэпсэгъуэ нур, 274.