хуэдиз Ӏ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
И инагъкӀэ, и куэдагъкӀэ хуэдэ; куэд, мащӀэ.
Гъавэр щыӀуахыжым деж поршневой палец щхьэкӀэ агрегатыр къэувыӀэмэ, а гъущӀ тӀэкӀум ишэч ахъшэм хуэдиз къыуатынущ.— Лъапсэ, 98
+2 örnek
Апхуэдэ мурад зиӀэм и шым старшынэм игъащӀэкӀэ къримытыным хуэдиз уасэшхуэ хуищӀырт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 219
А жэщым Урарэ и унэм щызэхэзекӀуэ цӀыхум бжыгъэ иӀэкъым, ауэ нобэ абы [Инал] и хьэгъуэлыгъуэм къызэхуэсам хуэдиз игъащӀэм ЩӀыӀэпс къуажэм щызэхуэсатэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587
Kitapta geçtiği hali
ХУЭДИЗ Ӏ (62). И инагъкӀэ, и куэдагъкӀэ хуэдэ; куэд, мащӀэ. Гъавэр щыӀуахыжым деж поршневой палец щхьэкӀэ агрегатыр къэувыӀэмэ, а гъущӀ тӀэкӀум ишэч ахъшэм хуэдиз къыуатынущ. Лъапсэ, 98. Апхуэдэ мурад зиӀэм и шым старшынэм игъащӀэкӀэ къримытыным хуэдиз уасэшхуэ хуищӀырт. Хъуэпсэгъуэ нур, 219. А жэщым Урарэ и унэм щызэхэзекӀуэ цӀыхум бжыгъэ иӀэкъым, ауэ нобэ абы [Инал] и хьэгъуэлыгъуэм къызэхуэсам хуэдиз игъащӀэм ЩӀыӀэпс къуажэм щызэхуэсатэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587.