хуэдабзэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ещхь дыдэу, хуэдэ къабзэу.
руточно так же
Насыпыр напӀэзыпӀэм къыхуэкӀуэри, къызэрыхуэкӀуам хуэдабзэуи фӀэкӀуэдыжащ {КӀукӀуэ}.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
хуэдабзэу нареч. точно так же / Ещхь дыдэу, хуэдэ къабзэу. * Насыпыр напӀэзыпӀэм къыхуэкӀуэри, къызэрыхуэкӀуам хуэдабзэуи фӀэкӀуэдыжащ {КӀукӀуэ}. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрым ещхь дыдэу, хуэдэ къабзэу.
Езыр зыщӀэхъуэпсам хуэдабзэу пэшотыр телъу справкэр кьыӀэщӀыхьа иужь, Лу гуфӀэщати дунейм техуэжыртэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514
+2 örnek
Зы сыхьэт ныкъуэкӀэ дыкъэгуватэмэ, ари махъшэ лъэужьым хуэдабзэу пшахъуэм Ӏуаенут.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 403
Илъэс етӀуанэм нэблагъэу, ЗэуапӀэ губгъуэм ар [Къэрней] иту, Егъажэ лъыпсыр уи къуэшым, Анэ быдзышэм хуэдабзэу Абы [Къэрней] и напэр къабзащэщ— Адэ, 191
Kitapta geçtiği hali
ХУЭДАБЗЭУ (7). нареч. Зыгуэрым ещхь дыдэу, хуэдэ къабзэу. Езыр зыщӀэхъуэпсам хуэдабзэу пэшотыр телъу справкэр кьыӀэщӀыхьа иужь, Лу гуфӀэщати дунейм техуэжыртэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 514. Зы сыхьэт ныкъуэкӀэ дыкъэгуватэмэ, ари махъшэ лъэужьым хуэдабзэу пшахъуэм Ӏуаенут. ХьэщӀэ лъапӀэ, 403. Илъэс етӀуанэм нэблагъэу, ЗэуапӀэ губгъуэм ар [Къэрней] иту, Егъажэ лъыпсыр уи къуэшым, Анэ быдзышэм хуэдабзэу Абы [Къэрней] и напэр къабзащэщ… «Адэ», 191.