хуэгъэхьэзырын

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хуегъэхьэзыр)

Зыгуэрым щхьэкӀэ гъэхьэзырын, зыгуэрым хьэзыр хуэщӀын.

руприготовить, подготовить кого-что-л. для кого-чего- л., кому-л.

Шы и пӀалъэ ищӀэрти, Уэзырмэс КъуийцӀыкӀуокъуэм и шыр, зы мазэ хуэдизкӀэ кӀэлъыплъри, гъуэгуанэм хуигъэхьэзыращ.— Къэрмокъуэ Хьэмид

(хуогъэхьэзыр)

Игъэхьэзырын лъэкӀын, гъэхьэзырыфын. Гъуэмылэ хуогъэхьэзыр.

русуметь приготовить, подготовить кого-что-л.

Kitapta geçtiği hali

хуэгъэхьэзырын I (хуегъэхьэзыр) перех. гл. приготовить, подготовить кого-что-л. для кого-чего- л., кому-л. / Зыгуэрым щхьэкӀэ гъэхьэзырын, зыгуэрым хьэзыр хуэщӀын. * Шы и пӀалъэ ищӀэрти, Уэзырмэс КъуийцӀыкӀуокъуэм и шыр, зы мазэ хуэдизкӀэ кӀэлъыплъри, гъуэгуанэм хуигъэхьэзыращ. Къэр. Хь. II (хуогъэхьэзыр) неперех. гл. суметь приготовить, подготовить кого-что-л. / Игъэхьэзырын лъэкӀын, гъэхьэзырыфын. Гъуэмылэ хуогъэхьэзыр.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хуегъэхьэзыр)

1. Зыгуэрым щхьэкӀэ гъэхьэзырын, зыгуэрым хьэзыр хуэщӀын.

[Гунэуэс:] – Ана-а, пшхын тӀэкӀу пхуигъэгъэзыру щхьэ емыжьарэ щежьэм щыгъуэ? – жиӀэу Дисэ и нысэр хуегъэкъуаншэ.— ГущӀэгъу, 422

+2 örnek

Абы (Щэрданхэ) я жыласэ машинэхэр сэным хуагъэхьэзыру къыщӀэкӀынут, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къакӀуэри, зэӀущӀэр зэхуэсыху нэхъ мыхъуми ирагъэплъыну, абыкӀэ яшат Степан Ильич.— Хъуэпсэгъуэ нур, 211

ДыщэкӀыу щыӀар къалъыхъуэжри Къулым унафэ ищӀащ: икӀэщӀыпӀэкӀэ полковникым и Ӏэщэ-фащэр хуагъэхьэзырыну, ялъэкӀ къамыгъанэу сэшхуэр, къамэр, бгырыпхыр, уанэр ягъэщӀэрэщӀэну.— Щынэхужьыкъуэ, 41

2. Зыгуэр хъыбар гуэрым хуэмурэ щыгъуазэ щӀын. -226.

Апчарэ и гугъат тӀэкӀу-тӀэкӀуурэ а хъыбарым и анэр хуигъэхьэзырыну.— Нал къута, 225

Kitapta geçtiği hali

ХУЭГЪЭХЬЭЗЫРЫН (хуегъэхьэзыр) лъэӀ. (12). 1. (11). Зыгуэрым щхьэкӀэ гъэхьэзырын, зыгуэрым хьэзыр хуэщӀын. [Гунэуэс:] – Ана-а, пшхын тӀэкӀу пхуигъэгъэзыру щхьэ емыжьарэ щежьэм щыгъуэ? – жиӀэу Дисэ и нысэр хуегъэкъуаншэ. ГущӀэгъу, 422. Абы (Щэрданхэ) я жыласэ машинэхэр сэным хуагъэхьэзыру къыщӀэкӀынут, сыт щхьэкӀэ жыпӀэмэ къакӀуэри, зэӀущӀэр зэхуэсыху нэхъ мыхъуми ирагъэплъыну, абыкӀэ яшат Степан Ильич. Хъуэпсэгъуэ нур, 211. ДыщэкӀыу щыӀар къалъыхъуэжри Къулым унафэ ищӀащ: икӀэщӀыпӀэкӀэ полковникым и Ӏэщэ-фащэр хуагъэхьэзырыну, ялъэкӀ къамыгъанэу сэшхуэр, къамэр, бгырыпхыр, уанэр ягъэщӀэрэщӀэну. Щынэхужьыкъуэ, 41. 2. (1). Зыгуэр хъыбар гуэрым хуэмурэ щыгъуазэ щӀын. Апчарэ и гугъат тӀэкӀу-тӀэкӀуурэ а хъыбарым и анэр хуигъэхьэзырыну. Нал къута, 225-226.

Düzeltme Öner

хуэгъэхьэзырын
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.