хурикъун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(хурокъу)

1. Зыгуэрым папщӀэ ирикъун.

рубыть достаточным для кого-чего-л., хватить кому-л. на что-л.

Шхыныр псоми яхурикъуащ.

2. Зыпэмыплъа гуэр зыгуэрым ещӀэн, хуэфӀ хъун, дуней егъэлъагъун.

рупроучить кого-л., показать кому-л.; сделать нагоняй кому-л. за что- л.

{Дыгъужьым:} - Сэ уэ сыпхурикъункъэ, - жери бжэныр зыӀурегъэлъадэри лъэмыж жьауэм щӀогъуэлъхьэж. фольк.

Kitapta geçtiği hali

хурикъун (хурокъу) неперех. гл. 1. быть достаточным для кого-чего-л., хватить кому-л. на что-л. / Зыгуэрым папщӀэ ирикъун. Шхыныр псоми яхурикъуащ. 2. переносное проучить кого-л., показать кому-л.; сделать нагоняй кому-л. за что- л. / Зыпэмыплъа гуэр зыгуэрым ещӀэн, хуэфӀ хъун, дуней егъэлъагъун. {Дыгъужьым:} - Сэ уэ сыпхурикъункъэ, - жери бжэныр зыӀурегъэлъадэри лъэмыж жьауэм щӀогъуэлъхьэж. фольк.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(хурокъу)

1. Зыгуэрым папщӀэ ирикъун. -56.

– А си дэлъхушхуэ, мыр мэкъуауэ гупым яхурикъуни, – жиӀэри Дэфэрэдж къэгуфӀащ.— Лъапсэ, 55

+2 örnek

Дакъикъэ дэкӀыху Ӏузизэ ишэчащ, иужьым и щхьэр уназэри, и къэжьын къэкӀуауэ, кӀиинуи хузэфӀэмыкӀыу упщӀэр зытридзыну къиӀэбэрэбыхьырт, арщхьэкӀэ и къарур хурикъуртэкъым, мыдэкӀэ Чачэ упщӀэр иӀыгъыу щытти.— Хъуэпсэгъуэ нур, 72

[Къыдырым:] Зы мэзым щӀэтым яхуримыкъу хуэдэ зэрошх, зы кхъухьым а къомыр ибгъэтӀысхьэмэ, зэрымышхыу къэнэн?— Кхъухь пхэнж, 502

2. Зыпэмыплъа гуэр зыгуэрым ещӀэн, хуэфӀ хъун, дуней егъэлъагъун.

Зипхъу и унафэ зрамыгъэщӀ анэ щыӀэ, ар ящӀэркъэ псоми, итӀани Дисэ зы мурад гуэр ищӀат, фэ сэ сыфхурикъунщ, жиӀэри зэуэн-бэнэныр щигъэтри, и унэ кӀуэжащ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 140

+2 örnek

НтӀэ, сэ уэ (Дорофеич) сыпхурикъункъэ, пьяницэжь, жиӀэри Сосрыкъуэ и гум гужьгъэжьгъ ириубыдащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625

[Дзэшу:] Сыту къытхурикъуа, ярэби, мы лӀыр.— КӀапсэ кӀапэ, 18

Kitapta geçtiği hali

ХУРИКЪУН (хурокъу) лъэмыӀ. (26). 1. (15). Зыгуэрым папщӀэ ирикъун. – А си дэлъхушхуэ, мыр мэкъуауэ гупым яхурикъуни, – жиӀэри Дэфэрэдж къэгуфӀащ. Лъапсэ, 55-56. Дакъикъэ дэкӀыху Ӏузизэ ишэчащ, иужьым и щхьэр уназэри, и къэжьын къэкӀуауэ, кӀиинуи хузэфӀэмыкӀыу упщӀэр зытридзыну къиӀэбэрэбыхьырт, арщхьэкӀэ и къарур хурикъуртэкъым, мыдэкӀэ Чачэ упщӀэр иӀыгъыу щытти. Хъуэпсэгъуэ нур, 72. [Къыдырым:] Зы мэзым щӀэтым яхуримыкъу хуэдэ зэрошх, зы кхъухьым а къомыр ибгъэтӀысхьэмэ, зэрымышхыу къэнэн? Кхъухь пхэнж, 502. 2. (11). зэхь. Зыпэмыплъа гуэр зыгуэрым ещӀэн, хуэфӀ хъун, дуней егъэлъагъун. Зипхъу и унафэ зрамыгъэщӀ анэ щыӀэ, ар ящӀэркъэ псоми, итӀани Дисэ зы мурад гуэр ищӀат, фэ сэ сыфхурикъунщ, жиӀэри зэуэн-бэнэныр щигъэтри, и унэ кӀуэжащ. Хъуэпсэгъуэ нур, 140. НтӀэ, сэ уэ (Дорофеич) сыпхурикъункъэ, пьяницэжь, жиӀэри Сосрыкъуэ и гум гужьгъэжьгъ ириубыдащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 625. [Дзэшу:] Сыту къытхурикъуа, ярэби, мы лӀыр. КӀапсэ кӀапэ, 18.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

doyum

Düzeltme Öner

хурикъун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.