хукъуэплъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(хукъуоплъ)
Къуагъ гуэрым укъуэплъурэ зыгуэрым еплъын; зыгуэрым щэхуу еплъын.
рупоглядывать, посматривать на кого-л. (украдкой, исподтишка); подсматривать за кем-л.
Хьэмид бжэщхьэӀум тету НэфӀыцӀэ хукъуэплът. Хь. С.
Kitapta geçtiği hali
хукъуэплъын (хукъуоплъ) неперех. гл. поглядывать, посматривать на кого-л. (украдкой, исподтишка); подсматривать за кем-л. / Къуагъ гуэрым укъуэплъурэ зыгуэрым еплъын; зыгуэрым щэхуу еплъын. Хьэмид бжэщхьэӀум тету НэфӀыцӀэ хукъуэплът. Хь. С.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(хукъуоплъ)
Къуагъ гуэрым укъуэплъурэ зыгуэрым еплъын; зыгуэрым щэхуу еплъын.
Пщэдджыжьыр къэсри, тас-къубгъаныр Анэм иӀыгъыу хукъуэплъащ, Пэшым щӀыхьэпэу и къуэм Ӏуплъэм – Шэ фӀыцӀэр и гум къытехуащ.— Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 12
+1 örnek
ЩӀакӀуэм ещхьу жэщ фӀыцӀабзэм Хъыджэбз пцӀанэу телъщи мазэр, Вагъуэр пщӀыпщӀу къахукъуоплъыр, Нэр теплъызэу сэри соплъыр.— Мазэ. «Мывэ хуабэ», 271
Kitapta geçtiği hali
ХУКЪУЭПЛЪЫН (хукъуоплъ) лъэмыӀ. (14). Къуагъ гуэрым укъуэплъурэ зыгуэрым еплъын; зыгуэрым щэхуу еплъын. Пщэдджыжьыр къэсри, тас-къубгъаныр Анэм иӀыгъыу хукъуэплъащ, Пэшым щӀыхьэпэу и къуэм Ӏуплъэм – Шэ фӀыцӀэр и гум къытехуащ. Къазджэрий. «Вагъуэ махуэ», 12. ЩӀакӀуэм ещхьу жэщ фӀыцӀабзэм Хъыджэбз пцӀанэу телъщи мазэр, Вагъуэр пщӀыпщӀу къахукъуоплъыр, Нэр теплъызэу сэри соплъыр. Мазэ. «Мывэ хуабэ», 271.