хуабапӀэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

1. ЩӀыӀэм нэхъ щыхъума, хуабагъэ здэщыӀэ щӀыпӀэ.

рутеплое место (напр. у печки)

ХуабапӀэм деж щысын.

2. Хуабэурэ щыт, щӀымахуэхэр щымыткӀий щӀыпӀэ, лъахэ.

рутеплые края

ХуабапӀэм кӀуэжыну ежьэжа бжэндэхъу гуп Ӏувхэри жыжьэу щыболъагъу.— КӀэрашэ Тембот

3. Бо, чэт сыт хуэдэ псэуалъэу Ӏэщыр щӀыӀэм щызыхъумэ.

рутеплое, утепленное помещение

Жэмхэм хуабапӀэм щыӀы-гъын.

Kitapta geçtiği hali

хуабапӀэ 1. теплое место (напр. у печки) / ЩӀыӀэм нэхъ щыхъума, хуабагъэ здэщыӀэ щӀыпӀэ. ХуабапӀэм деж щысын. 2. теплые края / Хуабэурэ щыт, щӀымахуэхэр щымыткӀий щӀыпӀэ, лъахэ. * ХуабапӀэм кӀуэжыну ежьэжа бжэндэхъу гуп Ӏувхэри жыжьэу щыболъагъу. КӀ. Т. 3. теплое, утепленное помещение / Бо, чэт сыт хуэдэ псэуалъэу Ӏэщыр щӀыӀэм щызыхъумэ. Жэмхэм хуабапӀэм щыӀы-гъын.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

1. ЩӀыӀэм нэхъ щыхъума, хуабагъэ здэщыӀэ щӀыпӀэ.

– [Алыджыкъуэ:] ЛӀо, пэшхьэкубжэм и гъунэгъущ, хуабапӀэщ.— МелыӀыч, 442

+1 örnek

Къуэ сиӀащэрэт сэ щыжысӀэм, Жьэгу хуабапӀэм сыщӀэхъуэпст.— Анэм и хъуэпсапӀэ. «Батырыбжьэ», 15

2. Хуабэурэ щыт, щӀымахуэр щымыткӀий щӀыпӀэ, лъахэ.

[Бабыщыхъум:] Кърум укърашатэмэ, бжьыхьэр къэсмэ, хуабапӀэ щӀыналъэм сыкӀуэжынщи, гъатхэр къихьэху сыкъэтынущ, жыпӀэурэ зыбгъэщӀэгъуэнт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475

+1 örnek

[Къыдырым:] Си акъылым къызэрихьыр вжесӀэнщи: кхъухь дывгъэщӀи, хуабапӀэ щӀыналъэу уэс къыщемысыххэу къуалэбзум и нэхъыбитӀыр здэкӀуэм дывгъакӀуэ.— Кхъухь пхэнж, 503

Kitapta geçtiği hali

ХУАБАПӀЭ (4). 1. (2). ЩӀыӀэм нэхъ щыхъума, хуабагъэ здэщыӀэ щӀыпӀэ. – [Алыджыкъуэ:] ЛӀо, пэшхьэкубжэм и гъунэгъущ, хуабапӀэщ. МелыӀыч, 442. Къуэ сиӀащэрэт сэ щыжысӀэм, Жьэгу хуабапӀэм сыщӀэхъуэпст. Анэм и хъуэпсапӀэ. «Батырыбжьэ», 15. 2. (2). Хуабэурэ щыт, щӀымахуэр щымыткӀий щӀыпӀэ, лъахэ. [Бабыщыхъум:] Кърум укърашатэмэ, бжьыхьэр къэсмэ, хуабапӀэ щӀыналъэм сыкӀуэжынщи, гъатхэр къихьэху сыкъэтынущ, жыпӀэурэ зыбгъэщӀэгъуэнт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 475. [Къыдырым:] Си акъылым къызэрихьыр вжесӀэнщи: кхъухь дывгъэщӀи, хуабапӀэ щӀыналъэу уэс къыщемысыххэу къуалэбзум и нэхъыбитӀыр здэкӀуэм дывгъакӀуэ. Кхъухь пхэнж, 503.

Düzeltme Öner

хуабапӀэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.