фӀэмыкъабылын
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(фӀэкъабылкъым)
Ӏуэхугъуэ гуэрыр фӀэмытэмэму, мыпэжу къэлъытэн.
Зи унэ сашэр адыгэ фызабэмэ, иужькӀэ гъунэгъу фызхэм хъыбар мыфамыц ирахьэжьэу цӀыхубз тхьэмыщкӀэр ямыгъэукӀытэну пӀэрэ, жызоӀэри зыкъомкӀи си дзэр мэш, «сыкӀуэнукъым» жысӀэу къэзгъэзэжынуи сфӀэкъабылкъым.— МелыӀыч, 454
+2 örnek
Диныр зэран зэрыхъур, къурӀэныр школым къызэреныкъуэкъур Астемыр илъагъурт, ауэ молэ къомыр хэкум ипхунри фӀэкъабылтэкъыми, Астемыр зыри жимыӀэмэ нэхъ къищтэрт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628
– Шэрихьэтри советскэри зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэщ, – жиӀэрт Долэт, – псори Алыхьым и пащхьэм дихьэжынущ, атӀэ шэрихьэтыр зыфӀэкъабылым жиӀэр… [Астемыр псалъэр зэпиудащ].— Хъуэпсэгъуэ нур, 314
Kitapta geçtiği hali
ФӀЭМЫКЪАБЫЛЫН (фӀэкъабылкъым) лъэӀ. (5). Ӏуэхугъуэ гуэрыр фӀэмытэмэму, мыпэжу къэлъытэн. Зи унэ сашэр адыгэ фызабэмэ, иужькӀэ гъунэгъу фызхэм хъыбар мыфамыц ирахьэжьэу цӀыхубз тхьэмыщкӀэр ямыгъэукӀытэну пӀэрэ, жызоӀэри зыкъомкӀи си дзэр мэш, «сыкӀуэнукъым» жысӀэу къэзгъэзэжынуи сфӀэкъабылкъым. МелыӀыч, 454. Диныр зэран зэрыхъур, къурӀэныр школым къызэреныкъуэкъур Астемыр илъагъурт, ауэ молэ къомыр хэкум ипхунри фӀэкъабылтэкъыми, Астемыр зыри жимыӀэмэ нэхъ къищтэрт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 628. – Шэрихьэтри советскэри зэдэлъхузэшыпхъум хуэдэщ, – жиӀэрт Долэт, – псори Алыхьым и пащхьэм дихьэжынущ, атӀэ шэрихьэтыр зыфӀэкъабылым жиӀэр… [Астемыр псалъэр зэпиудащ]. Хъуэпсэгъуэ нур, 314.