фӀэкӀын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(фӀокӀ)
1. Зыгуэрым фӀэлъыр, фӀэтыр фӀэхун, техун.
русойти, сняться (о чём-л. насаженном, надетом и т. п.)
Лъэбжьанэр фӀэкӀын.
2. Зыгуэрым блэкӀын.
рупройти, миновать что-л.
Тыкуэным фӀэкӀын.
3. Зэман, сыхьэт гуэрым блэкӀын.
рупройти, миновать (о времени)
Махуэм фӀэкӀын.
+1 örnek
Ахьмэтхъан мафӀэдз щӀигъэнауэ и жып сыхьэтым щеплъам, жэщыбгым фӀэкӀат.— Щомахуэ Амырхъан
4. ФӀэмынэу, дахэкӀэ зыгуэрым пыкӀын.
руминовать, обойти кого-л.
Делэм уэ фӀэкӀ, губзыгъэр езыр пфӀэкӀынщ.— Псалъэжьхэр
Kitapta geçtiği hali
фӀэкӀын (фӀокӀ) неперех. гл. 1. сойти, сняться (о чём-л. насаженном, надетом и т. п.) / Зыгуэрым фӀэлъыр, фӀэтыр фӀэхун, техун. Лъэбжьанэр фӀэкӀын. 2. пройти, миновать что-л. / Зыгуэрым блэкӀын. Тыкуэным фӀэкӀын. 3. пройти, миновать (о времени) / Зэман, сыхьэт гуэрым блэкӀын. Махуэм фӀэкӀын. * Ахьмэтхъан мафӀэдз щӀигъэнауэ и жып сыхьэтым щеплъам, жэщыбгым фӀэкӀат. Щ. Ам. 4. миновать, обойти кого-л. / ФӀэмынэу, дахэкӀэ зыгуэрым пыкӀын. * Делэм уэ фӀэкӀ, губзыгъэр езыр пфӀэкӀынщ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(фӀокӀ)
1. ЩӀыпӀэ гуэрым блэкӀын.
Къэрэмырзэ Мадинэ къалэм фӀэмыкӀыу къигъэзэжри къэкӀуэжащ, Мухьэмэд бегъымбарым и гукъеуэ жриӀэри и бампӀэр игъэтӀысауэ.— Лыгъэ, 414
+2 örnek
Щхьэлым нэсым, тӀэкӀу зешыӀэ, ЗэрыфӀэкӀыу, шыр егъалъэ— Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ. «Мывэ хуабэ», 209
Нып щӀыху цӀыкӀу къомыр «Прохладная» станцым нэс тезу тетщ, адэкӀэ тӀууэ загуэшри зыкъомыр Мэздэгу лъэныкъуэкӀэ макӀуэ, зыкъомыр Беслъэн станцым фӀокӀыр, Джылахъстэней лъэныкъуэри нып щӀыху защӀэщ.— Нал къута, 239
2. Зэман, сыхьэт бжыгъэ гуэрым блэкӀын, щӀигъун.
Жэщыбгым фӀэкӀа хъунт, я Ӏэуэлъауэм сыкъызыщигъэууэ, бжэр хакъутыкӀ жыпӀэну зэадэзэпхъур къыщыщӀыхьэжам.— Лэчымэ, 396
+2 örnek
Жэщыбгым фӀэкӀауэ кхъухь тедзапӀэм нэсри кхъухьыжь цӀыкӀу ныбэфу тенджыз Ӏуфэ дыдэм Ӏуту къалъэгъуащ, мо къакӀуэхэми гу къылъатэри тенджыз Ӏуфэм Ӏута цӀыхухэр нэхъыбэ хъууэ хуежьащ.— Лъапсэ, 36
Дохутырхэр сэбэп къыхуэхъуат и чэзум фӀэмыкӀыу, армыратэмэ Астемыр и лъакъуэр пахынкӀэ хъунут.— Хъуэпсэгъуэ нур, 172
3. ДахэкӀэ, псэлъэмакъыншэу, бэӀутӀэӀуншэу зыгуэрым пыкӀын.
Иджы сысейщи чэзур, Ӏэщэ шынагъуэр сӀэщӀэлъщ, И теплъэр дахэщ, мэцӀур, Бийм фӀэмыкӀыну игу хэлъщ— Си адэм. «Бгы лъапэхэм деж», 45
+2 örnek
Уи гуэныхь тӀэкӀур пхуигъэгъуну Сэром сыт епту уфӀэкӀа?— АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм… Вагъуэ махуэ, 94
[Жамбот, Алъхъо хуэгъэзауэ:] ДыкъыщӀэкӀуар Дисэ ищӀэмэ, къытфӀэкӀынкъым.— Алъхъо, 64
4. Зыгуэрым и унафэм, и жыӀэм едэӀуэн е емыдэӀуэн мыхьэнэ иӀэщ.
ЯгъэзащӀэ ябгэм жиӀэр, Ныбэфыжьу, и щхьэр уэсу Выгум илъу кърашэкӀыр, Егъэунэхъур жиӀэм фӀэкӀыр— Тисей, 489
+2 örnek
[Жылэм щыщ зы:] Гъуумар жиӀэм мэскъалкӀэ фӀэкӀынукъым Ибрахьим.— Хъуэпсэгъуэ нур, 214
Адыгэ хабзэ сыт жыхуаӀэхэм Верэ Павловнэ хищӀыкӀ щымыӀэми, Инал жиӀэм фӀэкӀынутэкъым— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574
5. Ныбжь пыухыкӀа гуэрым блэкӀын.
Арауи къыщӀэкӀынщ, илъэс пщыкӀутхум и ныбжьыр фӀэмыкӀами, а щӀалэ цӀыкӀур [Лу] губзыгъэу икӀи жану жаӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501
+2 örnek
Сэри сыщыӀуплъэм гу лъыстащ: цӀыхубзыр зэщӀэуфауэ бэзэрым щытетам и ныбжьыр хэкӀуэтауэ лъэбыцэ цӀыкӀуу къысфӀэщӀами, апхуэдэу жьытэкъым, илъэс щэщӀым куэдкӀэ фӀэмыкӀауэ арат, нэкӀу хъурейт, быртӀым цӀыкӀуу, нэщхъыфӀэу къоплъмэ, цӀыхубз лъагъугъуафӀэ гуакӀуэ хуэдэуи щытт, щхьэцыгъуэ Ӏув тетыр и дамитӀым щӀакӀуэ гъуабжэм хуэдэу телъу.— МелыӀыч, 441
ЦӀыхухъур илъэс плӀыщӀрэ тхум фӀэкӀамэ, ауэ ет – пӀахынукъым, текӀуэдэнур нэхъыбэщ, къилэжьынум нэхърэ жаӀэнщи.— Лъапсэ, 32
6. Бжыгъэ гуэрым щӀигъун. -292.
Зы лъэпкъыр унагъуэ тӀощӀ хъумэ, пщӀырыпщӀу ягуэшырт е лъэпкъыр унагъуэ щырыщ-тхурытхум фӀэмыкӀмэ, лъэпкъитӀ-щы зэгуагъэхьэрт— Нал къута, 291
+1 örnek
Тутнакъым ис къомыр зыхур лӀищт зэрыхъур, фоч зырыз яӀыгъыу, нэмыцэр щэм фӀэкӀынут, я пулеметхэр мотоциклым къыгуэт коляскэм иту, автомат жыпӀэми псоми япщӀэхэлъу— Къалэн, 433
Kitapta geçtiği hali
ФӀЭКӀЫН (фӀокӀ) лъэмыӀ. (41). 1. (9). ЩӀыпӀэ гуэрым блэкӀын. Къэрэмырзэ Мадинэ къалэм фӀэмыкӀыу къигъэзэжри къэкӀуэжащ, Мухьэмэд бегъымбарым и гукъеуэ жриӀэри и бампӀэр игъэтӀысауэ. Лыгъэ, 414. Щхьэлым нэсым, тӀэкӀу зешыӀэ, ЗэрыфӀэкӀыу, шыр егъалъэ. Псыр шы щхъуантӀэм тесу мажэ. «Мывэ хуабэ», 209. Нып щӀыху цӀыкӀу къомыр «Прохладная» станцым нэс тезу тетщ, адэкӀэ тӀууэ загуэшри зыкъомыр Мэздэгу лъэныкъуэкӀэ макӀуэ, зыкъомыр Беслъэн станцым фӀокӀыр, Джылахъстэней лъэныкъуэри нып щӀыху защӀэщ. Нал къута, 239. 2. (9). Зэман, сыхьэт бжыгъэ гуэрым блэкӀын, щӀигъун. Жэщыбгым фӀэкӀа хъунт, я Ӏэуэлъауэм сыкъызыщигъэууэ, бжэр хакъутыкӀ жыпӀэну зэадэзэпхъур къыщыщӀыхьэжам. Лэчымэ, 396. Жэщыбгым фӀэкӀауэ кхъухь тедзапӀэм нэсри кхъухьыжь цӀыкӀу ныбэфу тенджыз Ӏуфэ дыдэм Ӏуту къалъэгъуащ, мо къакӀуэхэми гу къылъатэри тенджыз Ӏуфэм Ӏута цӀыхухэр нэхъыбэ хъууэ хуежьащ. Лъапсэ, 36. Дохутырхэр сэбэп къыхуэхъуат и чэзум фӀэмыкӀыу, армыратэмэ Астемыр и лъакъуэр пахынкӀэ хъунут. Хъуэпсэгъуэ нур, 172. 3. (13). ДахэкӀэ, псэлъэмакъыншэу, бэӀутӀэӀуншэу зыгуэрым пыкӀын. Иджы сысейщи чэзур, Ӏэщэ шынагъуэр сӀэщӀэлъщ, И теплъэр дахэщ, мэцӀур, Бийм фӀэмыкӀыну игу хэлъщ. Си адэм. «Бгы лъапэхэм деж», 45. Уи гуэныхь тӀэкӀур пхуигъэгъуну Сэром сыт епту уфӀэкӀа? АбытӀэ Мухьэб и кхъащхьэм… «Вагъуэ махуэ», 94. [Жамбот, Алъхъо хуэгъэзауэ:] ДыкъыщӀэкӀуар Дисэ ищӀэмэ, къытфӀэкӀынкъым. Алъхъо, 64. 4. (5). Зыгуэрым и унафэм, и жыӀэм едэӀуэн е емыдэӀуэн мыхьэнэ иӀэщ. ЯгъэзащӀэ ябгэм жиӀэр, Ныбэфыжьу, и щхьэр уэсу Выгум илъу кърашэкӀыр, Егъэунэхъур жиӀэм фӀэкӀыр. «Тисей», 489. [Жылэм щыщ зы:] Гъуумар жиӀэм мэскъалкӀэ фӀэкӀынукъым Ибрахьим. Хъуэпсэгъуэ нур, 214. Адыгэ хабзэ сыт жыхуаӀэхэм Верэ Павловнэ хищӀыкӀ щымыӀэми, Инал жиӀэм фӀэкӀынутэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 574. 5. (3). Ныбжь пыухыкӀа гуэрым блэкӀын. Арауи къыщӀэкӀынщ, илъэс пщыкӀутхум и ныбжьыр фӀэмыкӀами, а щӀалэ цӀыкӀур [Лу] губзыгъэу икӀи жану жаӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501. Сэри сыщыӀуплъэм гу лъыстащ: цӀыхубзыр зэщӀэуфауэ бэзэрым щытетам и ныбжьыр хэкӀуэтауэ лъэбыцэ цӀыкӀуу къысфӀэщӀами, апхуэдэу жьытэкъым, илъэс щэщӀым куэдкӀэ фӀэмыкӀауэ арат, нэкӀу хъурейт, быртӀым цӀыкӀуу, нэщхъыфӀэу къоплъмэ, цӀыхубз лъагъугъуафӀэ гуакӀуэ хуэдэуи щытт, щхьэцыгъуэ Ӏув тетыр и дамитӀым щӀакӀуэ гъуабжэм хуэдэу телъу. МелыӀыч, 441. ЦӀыхухъур илъэс плӀыщӀрэ тхум фӀэкӀамэ, ауэ ет – пӀахынукъым, текӀуэдэнур нэхъыбэщ, къилэжьынум нэхърэ жаӀэнщи. Лъапсэ, 32. 6. (2). Бжыгъэ гуэрым щӀигъун. Зы лъэпкъыр унагъуэ тӀощӀ хъумэ, пщӀырыпщӀу ягуэшырт е лъэпкъыр унагъуэ щырыщ-тхурытхум фӀэмыкӀмэ, лъэпкъитӀ-щы зэгуагъэхьэрт. Нал къута, 291-292. Тутнакъым ис къомыр зыхур лӀищт зэрыхъур, фоч зырыз яӀыгъыу, нэмыцэр щэм фӀэкӀынут, я пулеметхэр мотоциклым къыгуэт коляскэм иту, автомат жыпӀэми псоми япщӀэхэлъу. Къалэн, 433.