фӀэкӀуэдын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(фӀокӀуэд)
1. КӀуэдын, зейм имыгъуэтыжын, здэщыӀэр имыщӀэн. Мылъку фӀэкӀуэдын.
рупотеряться вопреки чьему-л. желанию
2. ЗэмыфӀыж хъун. Ныбжьэгъур фӀэкӀуэдын.
руиспортить отношения с кем-л.
3. ЛъэмыкӀыу фӀызэкӀуэкӀын (шхын с. ху.).
руиспортиться (о продуктах)
Kitapta geçtiği hali
фӀэкӀуэдын (фӀокӀуэд) неперех. гл. 1. потеряться вопреки чьему-л. желанию / КӀуэдын, зейм имыгъуэтыжын, здэщыӀэр имыщӀэн. Мылъку фӀэкӀуэдын. 2. испортить отношения с кем-л. / ЗэмыфӀыж хъун. Ныбжьэгъур фӀэкӀуэдын. 3. испортиться (о продуктах) / ЛъэмыкӀыу фӀызэкӀуэкӀын (шхын с. ху.).
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(фӀокӀуэд)
1. Зыгуэр мыгъуэтыжын, кӀуэдын, здэщыӀэр мыщӀэн.
Сигу къокӀыжыр ди колхозым И псэуалъэу фӀэкӀуэдахэр, Къуажэ щӀыбым къалэм ещхьу Ди ӀэщӀагъэ яхутахэр.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 408
+2 örnek
Си псэупӀэщӀэр къэзгъэнами, СфӀэкӀуэдыр куэду си дзэр мыш.— Сыжейми, си нэр зэтесхами… Щхьэлыкъуэ, 383
Зы нэпс закъуи фӀэмыкӀуэду, Нэр псы псынщӀэм темыпыӀэу, Мывэ кхъуафэр топым хуэдэу КъокӀ топышэу мылыпс щӀыӀэр.— Псыкъелъэ. «Партыр ди пашэу», 93
2. Зыгуэр дунейм ехыжын.
Аузыр щӀэгъыр хъун сымыщӀэу: И къуэ цӀыху Ӏущыр фӀэкӀуэдащ.— Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377
+2 örnek
Зым и дзэр фӀыцӀэу ирешажьэ, Зым ейр дзэ хужьщи, къимыкӀуэт, Зэм офицерыр къыхагъащӀэ, Зэм я сэлэтхэр яфӀокӀуэд.— Шахмат джэгукӀэ хэт зымыщӀэр. «Батырыбжьэ», 65
Гъатхэр къэсрэ, шыбзыр лъхуамэ, ШыщӀэ къилъхур яфӀокӀуэдыр.— Елбэздыкъуэ, 3
3. ЦӀыхум и дахагъэм щыщӀэныгъэ, дагъуэ гуэр игъуэтын.
Я дахагъэ фӀэкӀуэдахэу ТхьэӀухудхэм щӀакӀуэ ящӀ, Ар зыхуащӀу я щӀалэфӀхэм Дафэ напэр ныхуахъумэ.— ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ, 413
Kitapta geçtiği hali
ФӀЭКӀУЭДЫН (фӀокӀуэд) лъэӀ. (27). 1. (22). Зыгуэр мыгъуэтыжын, кӀуэдын, здэщыӀэр мыщӀэн. Сигу къокӀыжыр ди колхозым И псэуалъэу фӀэкӀуэдахэр, Къуажэ щӀыбым къалэм ещхьу Ди ӀэщӀагъэ яхутахэр. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 408. Си псэупӀэщӀэр къэзгъэнами, СфӀэкӀуэдыр куэду си дзэр мыш. Сыжейми, си нэр зэтесхами… «Щхьэлыкъуэ», 383. Зы нэпс закъуи фӀэмыкӀуэду, Нэр псы псынщӀэм темыпыӀэу, Мывэ кхъуафэр топым хуэдэу КъокӀ топышэу мылыпс щӀыӀэр. Псыкъелъэ. «Партыр ди пашэу», 93. 2. (4). Зыгуэр дунейм ехыжын. Аузыр щӀэгъыр хъун сымыщӀэу: И къуэ цӀыху Ӏущыр фӀэкӀуэдащ. Шэджэм псыкъелъэ. «Щхьэлыкъуэ», 377. Зым и дзэр фӀыцӀэу ирешажьэ, Зым ейр дзэ хужьщи, къимыкӀуэт, Зэм офицерыр къыхагъащӀэ, Зэм я сэлэтхэр яфӀокӀуэд. Шахмат джэгукӀэ хэт зымыщӀэр. «Батырыбжьэ», 65. Гъатхэр къэсрэ, шыбзыр лъхуамэ, ШыщӀэ къилъхур яфӀокӀуэдыр. «Елбэздыкъуэ», 3. 3. (1). ЦӀыхум и дахагъэм щыщӀэныгъэ, дагъуэ гуэр игъуэтын. Я дахагъэ фӀэкӀуэдахэу ТхьэӀухудхэм щӀакӀуэ ящӀ, Ар зыхуащӀу я щӀалэфӀхэм Дафэ напэр ныхуахъумэ. «ЩӀалэгъуэ щӀыналъэ», 413.