фӀэгъэжын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
фӀэгъэжын/шӀогъэчъын, шӀоупкӀын → шӀобзын; BOĞAZLAMAK, KESMEK
шӀогъэчъын/фӀэгъэжын; KESMEK
шӀобзын/фӀэбзын (шӀуебзы/фӀебз); шӀогъэчъын/фӀэгъэжын (шӀуегъэчъы/фӀегъэж); шӀоупкӀын/фӀэупщӀын (шӀуеупкӀы/фӀеупщӀ); KESMEK (kurban ~; boğazlamak)
Bu sonuç kitaptaki 3 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: шӀобзын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(фӀегъэж)
И псэфылъэр пыгъэжын, фӀэбзын.
рузарезать, забить кого-л.
Джэд фӀэгъэжын.
+1 örnek
Ащыжьхэм я нэхъыжьым унафэ ищӀащ нышыр фӀигъэжу Ашэбокъуэм иригъэшхыну.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
фӀэгъэжын (фӀегъэж) перех. гл. зарезать, забить кого-л. / И псэфылъэр пыгъэжын, фӀэбзын. Джэд фӀэгъэжын. * Ащыжьхэм я нэхъыжьым унафэ ищӀащ нышыр фӀигъэжу Ашэбокъуэм иригъэшхыну. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(фӀегъэж)
И псэфылъэр пыгъэжын, фӀэбзын.
Дадэм мурад ищӀащ шыбзым хэт шыщӀэ щӀакъуэ цӀыкӀур фӀигъэжыну.— Нал къута, 271
+2 örnek
Дауи хузэгуэмыпынрэт, [Ботэх] и адэр зэуэу уӀэгъэ ищӀа щыхьыр, езым [Нартыху] къиукӀа хуэдэу тепщхьэри фӀигъэжащ.— Лъапсэ, 72
Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар.— Къалэн, 429
Kitapta geçtiği hali
ФӀЭГЪЭЖЫН (фӀегъэж) лъэӀ. (25). И псэфылъэр пыгъэжын, фӀэбзын. Дадэм мурад ищӀащ шыбзым хэт шыщӀэ щӀакъуэ цӀыкӀур фӀигъэжыну. Нал къута, 271. Дауи хузэгуэмыпынрэт, [Ботэх] и адэр зэуэу уӀэгъэ ищӀа щыхьыр, езым [Нартыху] къиукӀа хуэдэу тепщхьэри фӀигъэжащ. Лъапсэ, 72. Жэмыр лӀа пэтрэ, Хьэту фӀигъэжыжати, лъы ткӀуэпс къыщыщӀэмыкӀым, «псэхэлӀэр хьэрэмщ», жиӀэри и фэр трихри икъуащ, вакъапхъэ ищӀыну – арат илъэс псокӀэ къилэжьар. Къалэн, 429.