фӀамыщӀ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
фӀамыщӀ/шӀомыкӀ; KÖMÜR
шӀомыкӀ/фӀамыщӀ; KÖMÜR
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. ЩӀым къыщӀах гъэсын.
рууголь (ископаемое)
- Гъэс фӀамыщӀыр, - жиӀэщ дади, кӀуащ лӀыжь гъукӀэр кхъухьтедзапӀэм.— КӀыщокъуэ Алим
2. Пхъэ сахуэ, дэп щӀэужьыхэжа. Яжьэм фӀэмыщӀ и тесэнщ. (погов.)
руугли
Kitapta geçtiği hali
фӀамыщӀ 1. уголь (ископаемое) / ЩӀым къыщӀах гъэсын. * - Гъэс фӀамыщӀыр, - жиӀэщ дади, кӀуащ лӀыжь гъукӀэр кхъухьтедзапӀэм. КӀ. А. 2. угли / Пхъэ сахуэ, дэп щӀэужьыхэжа. Яжьэм фӀэмыщӀ и тесэнщ. (погов.)
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. ЩӀым къыщӀах гъэсын.
ФӀамыщӀ тыкъыру унэ жьэгур къэзыгъэлъагъуэр Тембот пэгъунэгъути абы нэхъ щыгуфӀыкӀащ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565
+2 örnek
Тхылъ зэзымыгъащӀэр щӀегъуэжынщ, жаӀэу хъыбар Ӏуащи, псоми къэрэндащ я жыпым илъщ, фӀамыщӀ фӀэкӀа зымыгъуэти яхэтщ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504
ГъукӀэм фӀамыщӀыр тӀууэ зэхедз, нэхъыфӀ дыдэр щхьэхуэу егъэтӀылъ, матэм илъу адрей тажьджэм из ищӀауэ кӀыщым щӀегъэувэ, жьэгум пэмыжыжьэу.— Лъапсэ, 101
2. Дэп щӀэужьыхыжа.
Дади жыгей пхъэшхуэхэр къыщӀелъэф, пхъэр имысыпэ щӀыкӀэ щӀетӀэжри, тӀэкӀу дэкӀмэ, къыщӀехыжри фӀамыщӀ фӀыцӀэшхуэхэр зэхуехьэсри матэшхуэм из ещӀ— Лъапсэ, 101
+2 örnek
[Бот, Гъумар хуэгъэзауэ:] Жыгейм хуэдэу фӀамыщӀ хъу щыӀэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 56
А кӀэнтхъ тӀэкӀуращ гъукӀэр зыхуейри, хъыданым кӀуэцӀылъу егъэгъущ, абы жыгей фӀамыщӀ ущэба хекӀутэ, бдзащхъуэ хелъхьэжри хьэзырщ, бгъэгъуща нэужь, узэд уи фочри, гъауэ.— Лъапсэ, 101
Kitapta geçtiği hali
ФӀАМЫЩӀ (14). 1. (11). ЩӀым къыщӀах гъэсын. ФӀамыщӀ тыкъыру унэ жьэгур къэзыгъэлъагъуэр Тембот пэгъунэгъути абы нэхъ щыгуфӀыкӀащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 565. Тхылъ зэзымыгъащӀэр щӀегъуэжынщ, жаӀэу хъыбар Ӏуащи, псоми къэрэндащ я жыпым илъщ, фӀамыщӀ фӀэкӀа зымыгъуэти яхэтщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 504. ГъукӀэм фӀамыщӀыр тӀууэ зэхедз, нэхъыфӀ дыдэр щхьэхуэу егъэтӀылъ, матэм илъу адрей тажьджэм из ищӀауэ кӀыщым щӀегъэувэ, жьэгум пэмыжыжьэу. Лъапсэ, 101. 2. (3). Дэп щӀэужьыхыжа. Дади жыгей пхъэшхуэхэр къыщӀелъэф, пхъэр имысыпэ щӀыкӀэ щӀетӀэжри, тӀэкӀу дэкӀмэ, къыщӀехыжри фӀамыщӀ фӀыцӀэшхуэхэр зэхуехьэсри матэшхуэм из ещӀ. Лъапсэ, 101. [Бот, Гъумар хуэгъэзауэ:] Жыгейм хуэдэу фӀамыщӀ хъу щыӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 56. А кӀэнтхъ тӀэкӀуращ гъукӀэр зыхуейри, хъыданым кӀуэцӀылъу егъэгъущ, абы жыгей фӀамыщӀ ущэба хекӀутэ, бдзащхъуэ хелъхьэжри хьэзырщ, бгъэгъуща нэужь, узэд уи фочри, гъауэ. Лъапсэ, 101.