фэкъу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зи щхьэм цы имытыж.
рулысый (о человеке)
И щхьэ фэкъу пцӀанэр дрелъэщӀей {ХьэпащӀэ} и Ӏэ гъур кӀыхьымкӀэ.— Ӏуащхьэмахуэ
Kitapta geçtiği hali
фэкъу лысый (о человеке) / Зи щхьэм цы имытыж. * И щхьэ фэкъу пцӀанэр дрелъэщӀей {ХьэпащӀэ} и Ӏэ гъур кӀыхьымкӀэ. Ӏуащхь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зи щхьэм цы имытыж (цӀыхум щхьэкӀэ жаӀэ).
[Астемыр] Унэшхуэ зыщӀыхьам писыр фэкъу гуэр, и щхьэр лъэныкъуабэ ищӀауэ, тхэуэ щыст, щытхэкӀи Ӏущащэрт, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэу.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113
+1 örnek
ТӀэкӀу дэкӀри, писыр фэкъум и тхэныр зэпигъэури нэгъуджэм къыщхьэпрыплъу къаплъэу къыщӀэупщӀащ: – Жыраслъэн и Ӏуэхум ухэт уэри? – жиӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 113
2. Зи цыр темытыж псэущхьэм хужаӀэ.
Шы къарэ лъэ псыгъуэ фэкъушхуэм и бгъэгу иным бгъэрыщӀэ дахэр илъу, къафэу фӀэкӀа умыщӀэну, и щхьэр лъагэу иӀэтауэ къакӀуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 85
+2 örnek
Шы къарэ фэкъу лъагэшхуэри Ӏэсэт, дахэт, и цыр цӀурт.— Щынэхужьыкъуэ, 29
ЩӀалэ цӀыкӀур къызэфӀэтӀысхьэмэ, и пащхьэм шкӀэ фэкъу цӀыкӀу итщ.— Щынэхужьыкъуэ, 9
3. ЩӀыр джафэ, пцӀанэ мыхьэнэ иӀэу.
Бгыщхьэ уэсыр зэм къытосэ, Дыгъэр теплъэм ар токӀыж, Жьыбгъэ щӀыӀэр зэм къыхуозэ, ЩӀыр фэкъу ищӀу мэкӀуэдыж.— Бгыщхьэ уэс. «Партыр ди пашэу», 104
Kitapta geçtiği hali
ФЭКЪУ (8). 1. (2). Зи щхьэм цы имытыж (цӀыхум щхьэкӀэ жаӀэ). [Астемыр] Унэшхуэ зыщӀыхьам писыр фэкъу гуэр, и щхьэр лъэныкъуабэ ищӀауэ, тхэуэ щыст, щытхэкӀи Ӏущащэрт, и Ӏупэр игъэпӀэжьажьэу. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. ТӀэкӀу дэкӀри, писыр фэкъум и тхэныр зэпигъэури нэгъуджэм къыщхьэпрыплъу къаплъэу къыщӀэупщӀащ: – Жыраслъэн и Ӏуэхум ухэт уэри? – жиӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 113. 2. (5). Зи цыр темытыж псэущхьэм хужаӀэ. Шы къарэ лъэ псыгъуэ фэкъушхуэм и бгъэгу иным бгъэрыщӀэ дахэр илъу, къафэу фӀэкӀа умыщӀэну, и щхьэр лъагэу иӀэтауэ къакӀуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 85. Шы къарэ фэкъу лъагэшхуэри Ӏэсэт, дахэт, и цыр цӀурт. Щынэхужьыкъуэ, 29. ЩӀалэ цӀыкӀур къызэфӀэтӀысхьэмэ, и пащхьэм шкӀэ фэкъу цӀыкӀу итщ. Щынэхужьыкъуэ, 9. 3. (1). ЩӀыр джафэ, пцӀанэ мыхьэнэ иӀэу. Бгыщхьэ уэсыр зэм къытосэ, Дыгъэр теплъэм ар токӀыж, Жьыбгъэ щӀыӀэр зэм къыхуозэ, ЩӀыр фэкъу ищӀу мэкӀуэдыж. Бгыщхьэ уэс. «Партыр ди пашэу», 104.