фызышэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Нысашэ хьэгъуэлӀыгъуэ.
русвадьба
Фызышэм хэтын.
2. Нысашэ, нысащӀэр къашэну кӀуэныгъэ.
рупоездка за невестой
{Бажэм:} - Пщэдей фызышэ дыкӀуэнурэ хъаным и пхъур къэтшэнущ.— КӀэрашэ Тембот, Акъсырэ Залымхъан
Kitapta geçtiği hali
фызышэ 1. свадьба / Нысашэ хьэгъуэлӀыгъуэ. Фызышэм хэтын. 2. поездка за невестой / Нысашэ, нысащӀэр къашэну кӀуэныгъэ. * {Бажэм:} - Пщэдей фызышэ дыкӀуэнурэ хъаным и пхъур къэтшэнущ. КӀ. Т., Акъ. З.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Нысашэ хьэгъуэлӀыгъуэ.
Сыту фызышэ телъыджэ, сыту гъэщӀэгъуэн куэд Лу илъагъурэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586
+2 örnek
Къуажэм дэсыр я унэм щӀэмызагъэу къызэхуэсат хьэгъуэлӀыгъуэм хэмытым и махуэ мыгъуэти, фызышэр узэрыхуейм хуэдэ хъуащ, къуажэ гъунэм ТхьэщӀыгъыжь пэмыжыжьэу губгъуэшхуэм шыгъажэ щащӀащ, дэ цӀыкӀу бла защӀэу ныпыр зэфӀахьу.— Лъапсэ, 117
ЦӀыхубзым и лӀым и хъыбар имыщӀуи къэнэнт: зэрыдэкӀуар, фызышэр зэрекӀуэкӀар, илъэсрэ ныкъуэрэ фӀэкӀа дэмыпсэуауэ фронтым зэрыкӀуар, станцым зы жэщ-махуэ иригъэжьэжу зэрытесар – зыри къигъэнатэкъым.— МелыӀыч, 442
Kitapta geçtiği hali
ФЫЗЫШЭ (44). Нысашэ хьэгъуэлӀыгъуэ. Сыту фызышэ телъыджэ, сыту гъэщӀэгъуэн куэд Лу илъагъурэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 586. Къуажэм дэсыр я унэм щӀэмызагъэу къызэхуэсат хьэгъуэлӀыгъуэм хэмытым и махуэ мыгъуэти, фызышэр узэрыхуейм хуэдэ хъуащ, къуажэ гъунэм ТхьэщӀыгъыжь пэмыжыжьэу губгъуэшхуэм шыгъажэ щащӀащ, дэ цӀыкӀу бла защӀэу ныпыр зэфӀахьу. Лъапсэ, 117. ЦӀыхубзым и лӀым и хъыбар имыщӀуи къэнэнт: зэрыдэкӀуар, фызышэр зэрекӀуэкӀар, илъэсрэ ныкъуэрэ фӀэкӀа дэмыпсэуауэ фронтым зэрыкӀуар, станцым зы жэщ-махуэ иригъэжьэжу зэрытесар – зыри къигъэнатэкъым. МелыӀыч, 442.