фронт
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Зэбий къэралхэм я дзэхэр щызэзауэ щӀыпӀэ.
руфронт
Фронтым щаукӀын. Фронтым кӀуэн.
Kitapta geçtiği hali
фронт фронт / Зэбий къэралхэм я дзэхэр щызэзауэ щӀыпӀэ. Фронтым щаукӀын. Фронтым кӀуэн.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Зэбий къэралхэм я дзэхэр здэщыӀэ, щызэзауэ щӀыпӀэ.
Мес тырку фронтым къикӀыжауэ топгъауэ къом къыдыхьауэ дэтщ, дэнэ лъэныкъуэкӀи къикӀыу пщырэ уэркърэ къыдохьэ, сондэджэру, купецу къыдыхьэм бжыгъэ яӀэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 188
+2 örnek
Щхьэгъубжэм аргуэру къыщеуӀум, Апчарэ занщӀэу къыщылъэтащ, фронтым щыщыӀар и гум къэкӀыжри— Нал къута, 229
Бургомистрым деж щашам Псэун и пщэм къыдалъхьат фронтым къикӀыжауэ зызыгъэпщкӀур къигъуэту бургомистрым деж ихуну.— Къалэн, 434
2. ЦӀыхухэм зэдащӀэ, зэдаӀыгъ лэжьыгъэ, Ӏуэху гуэр. -656.
Зэзауэм къыщӀадзэнут Долэт сымэ, арщхьэкӀэ Астемыр Ӏэпауда псалъэм и кӀапэр къиубыдыжащ: – Культурнэ революцэм, – жиӀэрт Астемыр, – фронт иӀэ щхьэкӀэ, а фронтым лъы щагъажэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655
+1 örnek
Зэзауэм щыӀами щымыӀами зэхахат: германскэ фронт, австрийскэ фронт, деникинскэ фронт жаӀэу, ауэ культурнэ революцэми фронт иӀэу ящӀэркъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655
Kitapta geçtiği hali
ФРОНТ (85). 1. (83). Зэбий къэралхэм я дзэхэр здэщыӀэ, щызэзауэ щӀыпӀэ. Мес тырку фронтым къикӀыжауэ топгъауэ къом къыдыхьауэ дэтщ, дэнэ лъэныкъуэкӀи къикӀыу пщырэ уэркърэ къыдохьэ, сондэджэру, купецу къыдыхьэм бжыгъэ яӀэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 188. Щхьэгъубжэм аргуэру къыщеуӀум, Апчарэ занщӀэу къыщылъэтащ, фронтым щыщыӀар и гум къэкӀыжри. Нал къута, 229. Бургомистрым деж щашам Псэун и пщэм къыдалъхьат фронтым къикӀыжауэ зызыгъэпщкӀур къигъуэту бургомистрым деж ихуну. Къалэн, 434. 2. (2). ЦӀыхухэм зэдащӀэ, зэдаӀыгъ лэжьыгъэ, Ӏуэху гуэр. Зэзауэм къыщӀадзэнут Долэт сымэ, арщхьэкӀэ Астемыр Ӏэпауда псалъэм и кӀапэр къиубыдыжащ: – Культурнэ революцэм, – жиӀэрт Астемыр, – фронт иӀэ щхьэкӀэ, а фронтым лъы щагъажэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655-656. Зэзауэм щыӀами щымыӀами зэхахат: германскэ фронт, австрийскэ фронт, деникинскэ фронт жаӀэу, ауэ культурнэ революцэми фронт иӀэу ящӀэркъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 655.