фоч лъэдакъэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ЩагъауэкӀэ фочыр дамэпкъым зэрырагъэкъу Ӏыхьэ.
Фоч лъэдакъэр и напэм кӀэригъэпщӀэным хуэдэу ирикъузылӀауэ Ботэх шыр цӀыкӀу зыщӀэс щыхьым нэ лъэныкъуэкӀэ йоплъ, фочыр тригъэпщауэ, арщхьэкӀэ кӀакхъур хущӀэчыркъым, шыр цӀыкӀур фӀэгуэныхьщи.— Лъапсэ, 71
+2 örnek
– Ар соцӀыхур сэри, тӀасэ, Мы мэз псори ейщ а ябгэм, СщӀат мураду сэ дыгъуасэ – Жыг чэщейуэ пызупщӀыну, Ар фоч дакъэ къекӀуу сщӀыну.— Тисей, 504
[Хьэкурынэ] Ӏэдэ-уадэ иӀыгъыр плӀанэпэм дидзащ, и фочыр къасщтэу фоч лъэдакъэмкӀэ и щхьэр щхьэ зэгуэзмыудрэ мы емынэунэм жиӀэу.— Лъапсэ, 103
Kitapta geçtiği hali
ФОЧ ЛЪЭДАКЪЭ (4). ЩагъауэкӀэ фочыр дамэпкъым зэрырагъэкъу Ӏыхьэ. Фоч лъэдакъэр и напэм кӀэригъэпщӀэным хуэдэу ирикъузылӀауэ Ботэх шыр цӀыкӀу зыщӀэс щыхьым нэ лъэныкъуэкӀэ йоплъ, фочыр тригъэпщауэ, арщхьэкӀэ кӀакхъур хущӀэчыркъым, шыр цӀыкӀур фӀэгуэныхьщи. Лъапсэ, 71. – Ар соцӀыхур сэри, тӀасэ, Мы мэз псори ейщ а ябгэм, СщӀат мураду сэ дыгъуасэ – Жыг чэщейуэ пызупщӀыну, Ар фоч дакъэ къекӀуу сщӀыну. «Тисей», 504. [Хьэкурынэ] Ӏэдэ-уадэ иӀыгъыр плӀанэпэм дидзащ, и фочыр къасщтэу фоч лъэдакъэмкӀэ и щхьэр щхьэ зэгуэзмыудрэ мы емынэунэм жиӀэу. Лъапсэ, 103.