фарз
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ПщӀэну, бгъэзэщӀэну къыппэщылъ, къалэн.
рудолг, обязанность
Уэ уцӀыхубз дэхуэхащ, сэ гущӀэгъу пхуэсщӀуэ сыбдэӀэпыкъуныр си фарзу къызолъытэж.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
фарз долг, обязанность / ПщӀэну, бгъэзэщӀэну къыппэщылъ, къалэн. * Уэ уцӀыхубз дэхуэхащ, сэ гущӀэгъу пхуэсщӀуэ сыбдэӀэпыкъуныр си фарзу къызолъытэж. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Псы ежэхым и фӀэщыгъэцӀэщ
Бложыр Фарзи псынщӀэ дыдэу, Хуэму кӀуэныр ягу имыдэу.— Тисей, 477
+2 örnek
ФарзкӀэ зэджэ псыр нэшэкъашэурэ ежэхырт и зы Ӏуфэ лъэныкъуэр къуацэ-чыцэу, адрейр мэз защӀэщ жыпӀэну жыгеишхуэхэм жьауэ къытращӀэу.— Лъапсэ, 30
Я хабзэр Мэш тыншу ещӀэр, щӀалэхэр мыхьэкъувыкъуу псэуфынукъым – Фарз псым зэгъунэгъуу къуажитӀ Ӏусщ куэд лъандэрэ – Мэрэтыкъуэрэ ПӀытӀыкъуейрэ, а къуажитӀым щӀалэгъуалэу дэсыр игъащӀэми зэпеуэу, лӀыгъэр яхуэмыгуэшу зоныкъуэкъу.— Лъапсэ, 116
Kitapta geçtiği hali
ФАРЗ (4). Псы ежэхым и фӀэщыгъэцӀэщ. Бложыр Фарзи псынщӀэ дыдэу, Хуэму кӀуэныр ягу имыдэу. «Тисей», 477. ФарзкӀэ зэджэ псыр нэшэкъашэурэ ежэхырт и зы Ӏуфэ лъэныкъуэр къуацэ-чыцэу, адрейр мэз защӀэщ жыпӀэну жыгеишхуэхэм жьауэ къытращӀэу. Лъапсэ, 30. Я хабзэр Мэш тыншу ещӀэр, щӀалэхэр мыхьэкъувыкъуу псэуфынукъым – Фарз псым зэгъунэгъуу къуажитӀ Ӏусщ куэд лъандэрэ – Мэрэтыкъуэрэ ПӀытӀыкъуейрэ, а къуажитӀым щӀалэгъуалэу дэсыр игъащӀэми зэпеуэу, лӀыгъэр яхуэмыгуэшу зоныкъуэкъу. Лъапсэ, 116.