фадэбжьэ

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Фалъэм, бжьэм е нэгъуэщӀ зыгуэрым иту фадэ; фадэ зэ Ӏэтыгъуэ.

рубокал спиртного напитка

Фадэбжьэр лӀыжьхэм щаӀэткӀэ хабзэфӀыр зыщӀэм дохъуэхъу.— ПащӀэ Бэчмырзэ

Bu maddedeki ifadeler (3)

фадэбжьэ дэдзыхын

рупросторечие пропустить рюмку.

фадэбжьэ къэӀэтын

руподнимать бокал, провозглашать тост.

фадэбжьэ къыхуэщтэн

руустроить, организовать застолье с выпивкой.

Kitapta geçtiği hali

фадэбжьэ бокал спиртного напитка / Фалъэм, бжьэм е нэгъуэщӀ зыгуэрым иту фадэ; фадэ зэ Ӏэтыгъуэ. * Фадэбжьэр лӀыжьхэм щаӀэткӀэ хабзэфӀыр зыщӀэм дохъуэхъу. П. Б. Фадэбжьэ дэдзыхын просторечие пропустить рюмку. Фадэбжьэ къэӀэтын поднимать бокал, провозглашать тост. Фадэбжьэ къыхуэщтэн устроить, организовать застолье с выпивкой.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Фалъэм, бжьэм е нэгъуэщӀ кумбыгъэ гуэрым иту фадэ; фадэ зэ Ӏэтыгъуэ.

Ухуеймэ щынэлым Фадэбжьэ къыдокӀуэ, Хъыджэбзхэм уахэплъэм ПлъэмыкӀыу уогуакӀуэ.— Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 106

+2 örnek

Урарэ, я благъэ фызыжь гуэр бгъурыту, фадэбжьэ иӀыгъыу, Инал и пащхьэм къихутащ, Урарэ ерагъпсэрагъкӀэ щытыф къудейт— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585

Фызхэми фадэр я жагъуэтэкъым, есэжат, щытӀысам деж мышхэн хуэдэу защӀырт, я пшэрагъым тегузэвыхьуи, фадэбжьэм и ужькӀэ мащӀэ-мащӀэурэ шхын нэхъ къэуат зыщӀэлъхэр я тепщэчым иралъхьэу щӀадзащ— Лъапсэ, 80

Deyimler (1)

фадэбжьэ къэӀэтын

Фадэ ефэн.

Зыбжанэрэ фадэбжьэ къаӀэта иужь, псоми я гур къэжэнащ, псэлъэрей хъуащ— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587

+2 örnek

Кодоевым картэр егъэтӀылъыжри фадэбжьэр къеӀэт, хьэщӀэм щыгуфӀыкӀыу.— Лъапсэ, 89

Ар къысхуимыхуэм, солъаӀуэр: Пщыхьэщхьэ гупхэр зэхуэсрэ Фадэбжьэр фӀэтмэ хъуэхъуфӀкӀэ, Фэ къыфхэтыну насыпыр Зылъымысауэ зауэлӀым ТхьэлъэӀум и цӀэ къыщифӀуэ, ГуфӀэгъуэ махуэу тхьэлъэӀур ЗауэлӀ лӀэныгъэм къихьащи.— Сэ сщӀэркъым зауэм никӀыжу. «Шум и гъуэгу», 63

Kitapta geçtiği hali

ФАДЭБЖЬЭ (5). Фалъэм, бжьэм е нэгъуэщӀ кумбыгъэ гуэрым иту фадэ; фадэ зэ Ӏэтыгъуэ. Ухуеймэ щынэлым Фадэбжьэ къыдокӀуэ, Хъыджэбзхэм уахэплъэм ПлъэмыкӀыу уогуакӀуэ. Колхоз уэрэд. «Бгы лъапэхэм деж», 106. Урарэ, я благъэ фызыжь гуэр бгъурыту, фадэбжьэ иӀыгъыу, Инал и пащхьэм къихутащ, Урарэ ерагъпсэрагъкӀэ щытыф къудейт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 585. Фызхэми фадэр я жагъуэтэкъым, есэжат, щытӀысам деж мышхэн хуэдэу защӀырт, я пшэрагъым тегузэвыхьуи, фадэбжьэм и ужькӀэ мащӀэ-мащӀэурэ шхын нэхъ къэуат зыщӀэлъхэр я тепщэчым иралъхьэу щӀадзащ. Лъапсэ, 80. ◊ Фадэбжьэ къэӀэтын (8). Фадэ ефэн. Зыбжанэрэ фадэбжьэ къаӀэта иужь, псоми я гур къэжэнащ, псэлъэрей хъуащ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 587. Кодоевым картэр егъэтӀылъыжри фадэбжьэр къеӀэт, хьэщӀэм щыгуфӀыкӀыу. Лъапсэ, 89. Ар къысхуимыхуэм, солъаӀуэр: Пщыхьэщхьэ гупхэр зэхуэсрэ Фадэбжьэр фӀэтмэ хъуэхъуфӀкӀэ, Фэ къыфхэтыну насыпыр Зылъымысауэ зауэлӀым ТхьэлъэӀум и цӀэ къыщифӀуэ, ГуфӀэгъуэ махуэу тхьэлъэӀур ЗауэлӀ лӀэныгъэм къихьащи. Сэ сщӀэркъым зауэм никӀыжу. «Шум и гъуэгу», 63.

Düzeltme Öner

фадэбжьэ
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.