уэхьэхьей
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Жыжьэу щыӀэ зыгуэрым ирогуоу.
руэй
- Уэхьэхьей, Сосрыкъуэ, .. къэгъазэ, - къокӀий нартхэр.— Нартхэр
2. Гузэвэгъуэ хэлъу зыгуэрым зэрегуо джэ макъ.
рукараул
- Уэхьэхьей, саукӀ! - къэкӀиящ лӀы цӀыкӀур.— ӀуэрыӀуатэ
Kitapta geçtiği hali
уэхьэхьей междом. 1. эй / Жыжьэу щыӀэ зыгуэрым ирогуоу. * - Уэхьэхьей, Сосрыкъуэ, .. къэгъазэ, - къокӀий нартхэр. Нарт. 2. караул / Гузэвэгъуэ хэлъу зыгуэрым зэрегуо джэ макъ. * - Уэхьэхьей, саукӀ! - къэкӀиящ лӀы цӀыкӀур. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зыгуэрхэм гу залъригъэтэну хуеймэ, цӀыхур щыкӀийкӀэ жиӀэ псалъэ; жыжьэу щыӀэ гуэрым ирогуоу.
НысащӀэр унэм зэрыщӀашэу, Дэфэрэдж, зи абгъуэ къилъэта джэдкъуртым ещхьу, унэм къыщӀэцӀэфтри уэрамым дэлъэдащ: – Уэхьэхьей, дэлъху сиӀэ мыгъуэмэ, гущӀэгъу къысхуэфщӀ.— Лъапсэ, 118
+1 örnek
[Авторым:] Мэлыхъуэм «упсэу апщий» жиӀэным и пӀэкӀэ «уэхьэхьей, уэтэтей!»— Лъапсэ, 55
Kitapta geçtiği hali
УЭХЬЭХЬЕЙ (2). междом. Зыгуэрхэм гу залъригъэтэну хуеймэ, цӀыхур щыкӀийкӀэ жиӀэ псалъэ; жыжьэу щыӀэ гуэрым ирогуоу. НысащӀэр унэм зэрыщӀашэу, Дэфэрэдж, зи абгъуэ къилъэта джэдкъуртым ещхьу, унэм къыщӀэцӀэфтри уэрамым дэлъэдащ: – Уэхьэхьей, дэлъху сиӀэ мыгъуэмэ, гущӀэгъу къысхуэфщӀ. Лъапсэ, 118. [Авторым:] Мэлыхъуэм «упсэу апщий» жиӀэным и пӀэкӀэ «уэхьэхьей, уэтэтей!» Лъапсэ, 55.