уэс

Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj

kar
Doğuуэс
Batıосы
Kitapta geçtiği hali

осы/уэс, (Абз. АСЫ); KAR

уэс/осы; KAR

Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

Хьэуам къыхэкӀыу хужь Ӏэрамэ цӀыкӀурэ щӀым къытесэ псыӀэгъэ зэщӀэдия.

руснег

Уэс куу. Уэс къесагъэщӀэ.

+2 örnek

Уэс гъущэ зэщӀэщтхьар абы {Шумахуэ} и лъэгу щӀагъым щопсалъэ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр

Уэсым хэсыр къанэри хьэжилъэм хэсыр иӀащ.— Псалъэжьхэр

Bu maddedeki ifadeler (9)

уэс (къы)тесэн

рупокрыть снегом кого-что-л.

Бгыщхьэм уэсыр зэм къытосэ, Дыгъэр теплъэм ар токӀыж.— Къэбэрдей поэзием и антологие

уэс къытрилъхьэн

рупокрыть толстым слоем снега что-л.

уэсу (уэсым хуэдэу) къегъэсын

рубыстро и в большом количестве достать, принести что-л.

уэсым къригъэжьэн

руначать идти - о снеге.

5 ifade daha

уэсым хуэдэу

рубелый как снег.

уэсыр кърипхъыхын

русыпать - о снеге.

уэсыр къриупцӀэхын

руидти крупными хлопьями - о снеге.

ЦыӀэрылъхьэм хуэдэу уэсыр къриупцӀэхырт. фольк.

уэс къесын

Уэс къехын, къытрилъхьэн.

руидти - о снеге

уэс хъуэт

Уэс щӀэту къепщэ жьышхуэ.

руснежная буря, буран

Kitapta geçtiği hali

уэс снег / Хьэуам къыхэкӀыу хужь Ӏэрамэ цӀыкӀурэ щӀым къытесэ псыӀэгъэ зэщӀэдия. Уэс куу. Уэс къесагъэщӀэ. * Уэс гъущэ зэщӀэщтхьар абы {Шумахуэ} и лъэгу щӀагъым щопсалъэ. Хь. Хь. Уэсым хэсыр къанэри хьэжилъэм хэсыр иӀащ. (погов.) Уэс (къы)тесэн покрыть снегом кого-что-л. * Бгыщхьэм уэсыр зэм къытосэ, Дыгъэр теплъэм ар токӀыж. Къэб. п. и ант. Уэс къытрилъхьэн покрыть толстым слоем снега что-л. Уэсу (уэсым хуэдэу) къегъэсын быстро и в большом количестве достать, принести что-л. Уэсым къригъэжьэн начать идти - о снеге. Уэсым хуэдэу белый как снег. Уэсыр кърипхъыхын сыпать - о снеге. Уэсыр къриупцӀэхын идти крупными хлопьями - о снеге. ЦыӀэрылъхьэм хуэдэу уэсыр къриупцӀэхырт. фольк. уэс къесын идти - о снеге / Уэс къехын, къытрилъхьэн. уэс хъуэт снежная буря, буран / Уэс щӀэту къепщэ жьышхуэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

Хьэуам къыхэкӀыу хужь Ӏэрамэ цӀыкӀуурэ щӀым къытесэ псыӀэгъэ зэщӀэдия.

Уи къуэш къомым уахуэмыдэу Уэс телъахэр щхьэ бгъэткӀуа?— Мывэ хуабэ. «Батырыбжьэ», 14

+2 örnek

Гузэвэгъуэу узезыхуэр Си фэм дэкӀыу си гур хощӀ, Къурш уэс щыблэу къуэм къыдэуэм Сыкъалъхуауи зэм къысфӀощӀ.— Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59

Бжей жыг иным лъапцӀэ зищӀри Тхьэмпэр уэсым фӀыхэхуащ, Зы жэщ закъуэм а уэс къомыр Уафэм дэнэ къриха?— ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр. «Батырыбжьэ», 68

Kitapta geçtiği hali

УЭС (152). Хьэуам къыхэкӀыу хужь Ӏэрамэ цӀыкӀуурэ щӀым къытесэ псыӀэгъэ зэщӀэдия. Уи къуэш къомым уахуэмыдэу Уэс телъахэр щхьэ бгъэткӀуа? Мывэ хуабэ. «Батырыбжьэ», 14. Гузэвэгъуэу узезыхуэр Си фэм дэкӀыу си гур хощӀ, Къурш уэс щыблэу къуэм къыдэуэм Сыкъалъхуауи зэм къысфӀощӀ. Си щӀыналъэ. «Батырыбжьэ», 59. Бжей жыг иным лъапцӀэ зищӀри Тхьэмпэр уэсым фӀыхэхуащ, Зы жэщ закъуэм а уэс къомыр Уафэм дэнэ къриха? ДжанэпцӀанэу йокӀыр бжьыхьэр. «Батырыбжьэ», 68.

Türkçe/Adığece Sözlük, Abaze İbrahim Alhas

Bu sözcüğün karşılık olarak geçtiği maddeler

kar

Düzeltme Öner

уэс
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.