уцӀырхъын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(еуцӀырхъ)
Емыгугъуу, псынщӀэету, ауэ сытми зыгуэр щӀын; зэрыхъэн.
рупросторечие сделать, построить что-л. небрежно, кое-как
А тӀум.. пщыӀэ тӀэкӀу яуцӀырхъри щӀэтӀысхьэжащ.— КӀэрашэ Тембот
Kitapta geçtiği hali
уцӀырхъын (еуцӀырхъ) перех. гл. просторечие сделать, построить что-л. небрежно, кое-как / Емыгугъуу, псынщӀэету, ауэ сытми зыгуэр щӀын; зэрыхъэн. * А тӀум.. пщыӀэ тӀэкӀу яуцӀырхъри щӀэтӀысхьэжащ. КӀ. Т.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(еуцӀырхъ)
Емыгугъуу, псынщӀэу, ауэ сытми зыгуэр щӀын.
Абы фӀэкӀ хэмылъу Ахъсар тхылъымпӀэ тӀэкӀу иуцӀырхъащ, ар зэстынур къызжиӀэри бысымым и Ӏэр сыубыдыжащ, кӀыфӀ мыхъуу сыздэкӀуэнум сынэсмэ, нэхъ сфӀэигъуэу— МелыӀыч, 449
+2 örnek
Жыраслъэн хьэзырым илъа тхылъыр игъэпщкӀущ, блынджабэм бгъэдэувэри тхылъымпӀэ тӀэкӀум зыгуэр триуцӀырхъэри Лу къритыжащ: – Мэ, къуэш.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595
Хьэсэм хьэсэпэ бжыхь жаӀэри гъавэм Ӏэщ хэмыхьэн щхьэкӀэ зыгуэр яуцӀырхъри гъавэр кърахьэлӀэжа нэужь, бжыхь тӀэкӀури Ӏуахыж.— Хьэсэпэхъумэ, 418
Kitapta geçtiği hali
УЦӀЫРХЪЫН (еуцӀырхъ) лъэӀ. (4). Емыгугъуу, псынщӀэу, ауэ сытми зыгуэр щӀын. Абы фӀэкӀ хэмылъу Ахъсар тхылъымпӀэ тӀэкӀу иуцӀырхъащ, ар зэстынур къызжиӀэри бысымым и Ӏэр сыубыдыжащ, кӀыфӀ мыхъуу сыздэкӀуэнум сынэсмэ, нэхъ сфӀэигъуэу. МелыӀыч, 449. Жыраслъэн хьэзырым илъа тхылъыр игъэпщкӀущ, блынджабэм бгъэдэувэри тхылъымпӀэ тӀэкӀум зыгуэр триуцӀырхъэри Лу къритыжащ: – Мэ, къуэш. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 595. Хьэсэм хьэсэпэ бжыхь жаӀэри гъавэм Ӏэщ хэмыхьэн щхьэкӀэ зыгуэр яуцӀырхъри гъавэр кърахьэлӀэжа нэужь, бжыхь тӀэкӀури Ӏуахыж. Хьэсэпэхъумэ, 418.