уцэрэфын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэуцэрэф)
1. Къэтэджын, зыкъэиэтын, къэуткӀэрэпщын.
руподняться (о тесте)
ДжэдыкӀэрыпщыр уцэрэфащ.
2. Зыгуэр щхьэкӀэ мыарэзыуэ нэщхъыр зэхэукӀэн; къызэӀууэн; къытехьэн.
рунахмуриться, насупиться (о человеке)
ЛӀо, щхьэ ууцэрэфа?
Kitapta geçtiği hali
уцэрэфын (мэуцэрэф) неперех. гл. 1. подняться (о тесте) / Къэтэджын, зыкъэиэтын, къэуткӀэрэпщын. ДжэдыкӀэрыпщыр уцэрэфащ. 2. переносное нахмуриться, насупиться (о человеке) / Зыгуэр щхьэкӀэ мыарэзыуэ нэщхъыр зэхэукӀэн; къызэӀууэн; къытехьэн. ЛӀо, щхьэ ууцэрэфа?
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэуцэрэф)
Къэтэджын, зыкъиӀэтын, къэуткӀэрэпщын.
Мэкъуауэгъуэм – шэмэдж, щӀымахуэр къэсмэ, шухьэ къишэурэ ищэрт [Рахьим], ауэ урыс щӀакхъуэр езым ищӀырти хуабэу, уцэрэфыжауэ къытрилъхьэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 128
+1 örnek
И фызым ар ещӀэри къыхуэхьыр къехьыр псоми загъэнщӀын хуэдэу, езы цӀыхубзыр [Шыкъымхэ я пхъур] мыщӀалэжми, щӀакхъуэ гъэжьа хуэдэ уцэрэфыжауэ берычэтыфэщ, хьэлэлщи, лъагъугъуафӀэщ.— Кхъэлэгъунэ, 373
Kitapta geçtiği hali
УЦЭРЭФЫН (мэуцэрэф) лъэмыӀ. (2). Къэтэджын, зыкъиӀэтын, къэуткӀэрэпщын. Мэкъуауэгъуэм – шэмэдж, щӀымахуэр къэсмэ, шухьэ къишэурэ ищэрт [Рахьим], ауэ урыс щӀакхъуэр езым ищӀырти хуабэу, уцэрэфыжауэ къытрилъхьэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 128. И фызым ар ещӀэри къыхуэхьыр къехьыр псоми загъэнщӀын хуэдэу, езы цӀыхубзыр [Шыкъымхэ я пхъур] мыщӀалэжми, щӀакхъуэ гъэжьа хуэдэ уцэрэфыжауэ берычэтыфэщ, хьэлэлщи, лъагъугъуафӀэщ. Кхъэлэгъунэ, 373.