упсэу
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Берычэт бесын, тхьэр арэзы къыпхухъу (фӀыщӀэ иращӀу я ныбжьым е нэхъыщӀэм зэрызыхуагъазэ псалъэ).
руспасибо
2. Я ныбжьыр е нэхъыщӀэр къыщепскӀэ зэрызыхуагъазэ псалъэ; гъащӀэ кӀыхь ухъу.
рубудь здоров! (пожелание здоровья ровеснику или младшему по возрасту при его чихании)
Bu maddedeki ifadeler (1)
Упсэу апщий!
ру(ответ на приветствие).
ХьэщӀэ къепсыхам "фӀэхъус апщий" жраӀэ, "упсэу апщий" къыжраӀэж.— Адыгэ ӀуэрыӀуатэхэр
Kitapta geçtiği hali
упсэу 1. спасибо / Берычэт бесын, тхьэр арэзы къыпхухъу (фӀыщӀэ иращӀу я ныбжьым е нэхъыщӀэм зэрызыхуагъазэ псалъэ). 2. будь здоров! (пожелание здоровья ровеснику или младшему по возрасту при его чихании) / Я ныбжьыр е нэхъыщӀэр къыщепскӀэ зэрызыхуагъазэ псалъэ; гъащӀэ кӀыхь ухъу. Упсэу апщий! (ответ на приветствие). * ХьэщӀэ къепсыхам "фӀэхъус апщий" жраӀэ, "упсэу апщий" къыжраӀэж. Ад. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Берычэт бесын.
Думэсарэ къэгуфӀащ: – Упсэу, си щӀалэ [Елдар жриӀэу].— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542
+2 örnek
[Азизэ Апчарэ жриӀэу:] – Упсэу, си шыпхъу дахэ!— Щынэхужьыкъуэ, 55
– Упсэу, Мэсхьуд, - жиӀэри алъандэм зыри жызымыӀа Бэлацэ къэпсэлъащ, - адыгэм «ыхьы-ы», жиӀэмэ, и Ӏуэхур…— Хъуэпсэгъуэ нур, 251
Deyimler (1)
упсэу апщий
Сэламым жэуап зэрырат щӀыкӀэ.
[Хьэкурынэ:] – Упсэу апщий!— Лъапсэ, 106
+1 örnek
[Дэфэрэдж:] Мэлыхъуэм «упсэу апщий» жиӀэным и пӀэкӀэ «уэхьэхьей, уэтэтей!».— Лъапсэ, 55
Kitapta geçtiği hali
УПСЭУ (6). Берычэт бесын. Думэсарэ къэгуфӀащ: – Упсэу, си щӀалэ [Елдар жриӀэу]. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 542. [Азизэ Апчарэ жриӀэу:] – Упсэу, си шыпхъу дахэ! Щынэхужьыкъуэ, 55. – Упсэу, Мэсхьуд, - жиӀэри алъандэм зыри жызымыӀа Бэлацэ къэпсэлъащ, - адыгэм «ыхьы-ы», жиӀэмэ, и Ӏуэхур… Хъуэпсэгъуэ нур, 251. ◊ Упсэу апщий (2). Сэламым жэуап зэрырат щӀыкӀэ. [Хьэкурынэ:] – Упсэу апщий! Лъапсэ, 106. [Дэфэрэдж:] Мэлыхъуэм «упсэу апщий» жиӀэным и пӀэкӀэ «уэхьэхьей, уэтэтей!». Лъапсэ, 55.