ундэрэщхъуэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Kitapta geçtiği hali
ундэрэщхъуэн (мэундэращхъуэ) неперех. гл. см. удэрэщхъуэн. * Ундэрэщхъуауэ, кӀэзызу щысщ адакъэр. фольк.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэундэращхъуэ)
ЩӀыӀэм е удыным къыхэкӀыу зимыгъэхъеижыф хъун.
Бабыщ шыру къэргъейм и нэр зытриубыдам зыщӀигъэмбрыуэри зыщигъэбзэхым къэргъейри и щхьэр и щӀагъыу псым хэхуэри ундэрэщхъуауэ, и дамэ лъэныкъуэри узауэ псым къыщыхэпщыжым, Джэлилу плъагъур теуэщ аби, хьэлэчу зэхимыфыщӀэу къэнэнт.— Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479
+2 örnek
И щӀалэ цӀыкӀум, мэлхьэпӀатӀэм хуэдэу, зыкъыкӀэриукӀати, къыдэуеижа нэужь ундэрэщхъуами, нэхъри щиубыдыкӀат и анэм и пщэри, Дэфэрэдж и гур къызэрыгъуэтыжащ, «си пщэр щикъузкӀэ псэущ» жиӀэри.— Лъапсэ, 53
Данэ цӀыкӀу гужьеижауэ ундэрэщхъуат.— Нал къута, 220
Kitapta geçtiği hali
УНДЭРЭЩХЪУЭН (мэундэращхъуэ) лъэмыӀ. (7). ЩӀыӀэм е удыным къыхэкӀыу зимыгъэхъеижыф хъун. Бабыщ шыру къэргъейм и нэр зытриубыдам зыщӀигъэмбрыуэри зыщигъэбзэхым къэргъейри и щхьэр и щӀагъыу псым хэхуэри ундэрэщхъуауэ, и дамэ лъэныкъуэри узауэ псым къыщыхэпщыжым, Джэлилу плъагъур теуэщ аби, хьэлэчу зэхимыфыщӀэу къэнэнт. Бабыщыкъуэ адакъэпщ, 479. И щӀалэ цӀыкӀум, мэлхьэпӀатӀэм хуэдэу, зыкъыкӀэриукӀати, къыдэуеижа нэужь ундэрэщхъуами, нэхъри щиубыдыкӀат и анэм и пщэри, Дэфэрэдж и гур къызэрыгъуэтыжащ, «си пщэр щикъузкӀэ псэущ» жиӀэри. Лъапсэ, 53. Данэ цӀыкӀу гужьеижауэ ундэрэщхъуат. Нал къута, 220.