уеблэм
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Зытепсэлъыхьыр шэч хэмылъу, нэхъ быдэу къэӀуэта хъун папщӀэ къагъэсэбэп псалъэ.
Шы емылыджу зэм къыкъуожри Уеблэм бгыщхьэм ныдожей.— Жьыр къемыпщэм дэнэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 344
+2 örnek
Арщхьэ зэуэни сыухакъым: КӀакхъу зэрыщӀэсчу щыта си Ӏэм Уэрэд итхыни щигъэтакъым, Уеблэм хуосакъыр си гум жиӀэм.— Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62
Ар щыуэ хъункъым, пшагъуэр Ӏуву Уеблэм зыпхыкӀыр иреуэс— Къуршым докӀ. «Дамыгъэ», 73
Kitapta geçtiği hali
УЕБЛЭМ (37). частицэ. Зытепсэлъыхьыр шэч хэмылъу, нэхъ быдэу къэӀуэта хъун папщӀэ къагъэсэбэп псалъэ. Шы емылыджу зэм къыкъуожри Уеблэм бгыщхьэм ныдожей. Жьыр къемыпщэм дэнэ щыӀэ. «Вагъуэ махуэ», 344. Арщхьэ зэуэни сыухакъым: КӀакхъу зэрыщӀэсчу щыта си Ӏэм Уэрэд итхыни щигъэтакъым, Уеблэм хуосакъыр си гум жиӀэм. Си гъуэгу тыншакъым сэ игъащӀэм. «Мывэ хуабэ», 62. Ар щыуэ хъункъым, пшагъуэр Ӏуву Уеблэм зыпхыкӀыр иреуэс. Къуршым докӀ. «Дамыгъэ», 73.