увын
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
уцун/увын, увыыӀэн; (уцугъэ/уващ, увыӀащ: durdu/ayakta durdu; мэуцу/ мэув, мэувыӀэ: duruyor/ayakta duruyor); DURMAK 2 (ayakta ~)
увын → уцун; DURMAK 2 (ayakta ~)
Bu sonuç kitaptaki 2 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Ayrıca bakınız: уцун
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(мэув)
1. Тэджын, зыщӀыпӀэ щытын.
рустать, встать (на ноги)
Сын жа зыпщӀу уувай.— Къэбэрдей поэзием и антологие
+1 örnek
Еплъу увын.
2. ЛэжьапӀэ, къулыкъу гуэр къэубыдын.
рузанять какую-л. должность
Исуф и деж Къэсейрэ.. и къуэмрэ лӀыщӀэу уват.— ПащӀэ Бэчмырзэ
3. Ӏуэху е хабзэ гуэрым къару игъуэтын.
руустановиться, утвердиться
Щауэм и Ӏуэхур уващи, гъатхэ къэрабэр пичынущ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Kitapta geçtiği hali
увын (мэув) неперех. гл. 1. стать, встать (на ноги) / Тэджын, зыщӀыпӀэ щытын. * Сын жа зыпщӀу уувай. Къэб. п. и ант. Еплъу увын. 2. переносное занять какую-л. должность / ЛэжьапӀэ, къулыкъу гуэр къэубыдын. * Исуф и деж Къэсейрэ.. и къуэмрэ лӀыщӀэу уват. П. Б. 3. переносное установиться, утвердиться / Ӏуэху е хабзэ гуэрым къару игъуэтын. * Щауэм и Ӏуэхур уващи, гъатхэ къэрабэр пичынущ. Къэб. п. и ант.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(мэув)
1. ЗыщӀыпӀэ деж щытын.
ЩӀадзыжынкӀэ гузэвар дзыхь имыщӀу кабинетым щӀыхьэри еплъыхыу уващ, жиӀэну къыщӀэкӀуар хужымыӀэжу— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519
+2 örnek
Щхьэж зи ужь ита Ӏуэхур игъэтӀылъри фызышэ къакӀуэм еплъыну уващ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582
Нэхъ пэӀэщӀэу уувакъэ – Зым и фӀагъи къомыкӀын.— Уи щхьэ закъуэу упӀыщӀамэ… Батырыбжьэ, 135
2. ӀэнатӀэ гуэрым Ӏуувэн.
ЩӀыхуэ зытелъым хуэмытыжмэ, ХэкӀыпӀэ куэдрэ ар мылъыхъуэу, Зи щӀыхуэ телъым и деж кӀуэрти Хуэув и хабзэт ар Ӏэщыхъуэу.— Сэ фыкъысхуейуэ. «Дамыгъэ», 206
+2 örnek
Были кӀэщӀу къызжиӀащ, А жэуапым хуэмыпӀащӀэу: – Бригадиру сыуващ.— Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 111
Зауэм къикӀыжри аргуэру Ӏэщыхъуэу зэрыщытауэ увыжащ— КӀапсэ кӀапэ, 7
3. Ӏуэху е хабзэ гуэрым къару игъуэтын.
Советскэр зэрыуврэ илъэс пщыкӀутӀ фӀэкӀ хъуакъым, итӀани Астемыр иригъэджахэр учителу, студенту, агроному адэкӀэ-мыдэкӀэ щыхэтщ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501
+1 örnek
Советскэр зэрыуврэ, зи абгъуэ якъута бзууэ, къызофэрэзыхь, лажьи хъати симыӀэ пэтрэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505
4. Щыхьэт хъун.
– Соув, дэскъым къуажэм дыгъуэ, – жиӀащ Жыраслъэн, л
Deyimler (1)
уву укӀын
Ухуейуэ, ар уи мураду цӀыху укӀын.
[Хъадижэт:] Алыхьым сыкъелъагъу – сыуву бий схуэукӀынукъым.— Щынэхужьыкъуэ, 17
Kitapta geçtiği hali
УВЫН (мэув) лъэмыӀ. (81). 1. (54). ЗыщӀыпӀэ деж щытын. ЩӀадзыжынкӀэ гузэвар дзыхь имыщӀу кабинетым щӀыхьэри еплъыхыу уващ, жиӀэну къыщӀэкӀуар хужымыӀэжу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 519. Щхьэж зи ужь ита Ӏуэхур игъэтӀылъри фызышэ къакӀуэм еплъыну уващ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 582. Нэхъ пэӀэщӀэу уувакъэ – Зым и фӀагъи къомыкӀын. Уи щхьэ закъуэу упӀыщӀамэ… «Батырыбжьэ», 135. 2. (22). ӀэнатӀэ гуэрым Ӏуувэн. ЩӀыхуэ зытелъым хуэмытыжмэ, ХэкӀыпӀэ куэдрэ ар мылъыхъуэу, Зи щӀыхуэ телъым и деж кӀуэрти Хуэув и хабзэт ар Ӏэщыхъуэу. Сэ фыкъысхуейуэ. «Дамыгъэ», 206. Были кӀэщӀу къызжиӀащ, А жэуапым хуэмыпӀащӀэу: – Бригадиру сыуващ. Фыз унафэ. «Партыр ди пашэу», 111. Зауэм къикӀыжри аргуэру Ӏэщыхъуэу зэрыщытауэ увыжащ. КӀапсэ кӀапэ, 7. 3. (4). Ӏуэху е хабзэ гуэрым къару игъуэтын. Советскэр зэрыуврэ илъэс пщыкӀутӀ фӀэкӀ хъуакъым, итӀани Астемыр иригъэджахэр учителу, студенту, агроному адэкӀэ-мыдэкӀэ щыхэтщ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 501. Советскэр зэрыуврэ, зи абгъуэ якъута бзууэ, къызофэрэзыхь, лажьи хъати симыӀэ пэтрэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 505. 4. (1). Щыхьэт хъун. – Соув, дэскъым къуажэм дыгъуэ, – жиӀащ Жыраслъэн, л ◊ Уву укӀын (1). Ухуейуэ, ар уи мураду цӀыху укӀын. [Хъадижэт:] Алыхьым сыкъелъагъу – сыуву бий схуэукӀынукъым. Щынэхужьыкъуэ, 17.