тэтэр
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Bu maddedeki ifadeler (1)
тэтэрхэр 1.
Тэтэрстаным нэхъыбэу щыпсэу лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху.
рутатарин, татарка; татары
2. Тырку лъэпкъ зэмылӀэужьыгъуэхэм, а лъэпкъхэм ящыщ цӀыхухэм ироджэ.
руназвание представителей некоторых тюркских народов (у адыгов)
Кърым тэтэр.
+1 örnek
Тэтэр хъаныр дзэшхуэ и гъусэу Кавказым и къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ къихьэри кӀахэхэм зауэ къарищӀылӀащ.— Нэгумэ Шорэ
Kitapta geçtiği hali
тэтэр тэтэрхэр 1. татарин, татарка; татары / Тэтэрстаным нэхъыбэу щыпсэу лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху. 2. название представителей некоторых тюркских народов (у адыгов) / Тырку лъэпкъ зэмылӀэужьыгъуэхэм, а лъэпкъхэм ящыщ цӀыхухэм ироджэ. Кърым тэтэр. * Тэтэр хъаныр дзэшхуэ и гъусэу Кавказым и къухьэпӀэ лъэныкъуэмкӀэ къихьэри кӀахэхэм зауэ къарищӀылӀащ. Н. Ш.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Татарстаным нэхъыбэу щыпсэу лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху.
[Мэмэт-щӀакъуэ:] УкъызыхэкӀар зэбгъэщӀэну ухуеймэ, УрысеймкӀэ уемыплъэкӀыу кърым тэтэрхэм я лъэужьыр ху.— Лъапсэ, 48
+2 örnek
[Мэмэт-щӀакъуэ:] Семеныр урысыцӀэщ, Сеймэныр тэтэр псалъэм къытекӀащ – ясыр, бытыр Ӏызых жиӀэу аращ.— Лъапсэ, 48
Тэтэр пелуаныр нэхъ лъэщу къыщӀэкӀащ, зыри пэмылъэщу.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617
Kitapta geçtiği hali
ТЭТЭР (8). Татарстаным нэхъыбэу щыпсэу лъэпкъ, а лъэпкъым щыщ цӀыху. [Мэмэт-щӀакъуэ:] УкъызыхэкӀар зэбгъэщӀэну ухуеймэ, УрысеймкӀэ уемыплъэкӀыу кърым тэтэрхэм я лъэужьыр ху. Лъапсэ, 48. [Мэмэт-щӀакъуэ:] Семеныр урысыцӀэщ, Сеймэныр тэтэр псалъэм къытекӀащ – ясыр, бытыр Ӏызых жиӀэу аращ. Лъапсэ, 48. Тэтэр пелуаныр нэхъ лъэщу къыщӀэкӀащ, зыри пэмылъэщу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 617.