тхьэщӀагъыжь
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
«Лъапсэ» романым къыхэщ жыгей мэзым и фӀэщыгъэцӀэ.
А мэзыжьым ТхьэщӀагъыжькӀэ еджэрт, игъащӀэм тхьэлъэӀупӀэу къуажэдэсхэр щызэхуэсу.— Лъапсэ, 30
+2 örnek
Зэзэмызэ махуэшхуэ гуэр къэхъуарэ ТхьэщӀагъыжькӀэ зэджэ жыгей мэзым кӀуэмэ, е си адэр зыщӀыпӀэ яшэмэ, кӀыщым къыщӀэмыкӀыу щӀэтщ мэлъащэри.— Лъапсэ, 102
Къуажэм дэсыр я унэм щӀэмызагъэу къызэхуэсат хьэгъуэлӀыгъуэм хэмытым и махуэ мыгъуэти, фызышэр узэрыхуейм хуэдэ хъуащ, къуажэ гъунэм ТхьэщӀагъыжь пэмыжыжьэу губгъуэшхуэм шыгъажэ щащӀащ, дэ цӀыкӀу бла защӀэу ныпыр зэфӀахьу.— Лъапсэ, 117
Kitapta geçtiği hali
ТХЬЭЩӀАГЪЫЖЬ (4). «Лъапсэ» романым къыхэщ жыгей мэзым и фӀэщыгъэцӀэ. А мэзыжьым ТхьэщӀагъыжькӀэ еджэрт, игъащӀэм тхьэлъэӀупӀэу къуажэдэсхэр щызэхуэсу. Лъапсэ, 30. Зэзэмызэ махуэшхуэ гуэр къэхъуарэ ТхьэщӀагъыжькӀэ зэджэ жыгей мэзым кӀуэмэ, е си адэр зыщӀыпӀэ яшэмэ, кӀыщым къыщӀэмыкӀыу щӀэтщ мэлъащэри. Лъапсэ, 102. Къуажэм дэсыр я унэм щӀэмызагъэу къызэхуэсат хьэгъуэлӀыгъуэм хэмытым и махуэ мыгъуэти, фызышэр узэрыхуейм хуэдэ хъуащ, къуажэ гъунэм ТхьэщӀагъыжь пэмыжыжьэу губгъуэшхуэм шыгъажэ щащӀащ, дэ цӀыкӀу бла защӀэу ныпыр зэфӀахьу. Лъапсэ, 117.