тхьэкӀумэӀупс
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ТхьэкӀумэ кӀуэцӀым щыщ Ӏыхьэу макъыр зэхозыгъэх, зыгуэр ихуэным, ирихьэным щызыхъумэ.
рубарабанная перепонка
Bu maddedeki ifadeler (4)
тхьэкӀумэӀупсыр иричу
руоглушительно, слишком громко
Куэд дэмыкӀыу щыблэ уащ, тхьэкӀумэупсыр иричу.— Щомахуэ Амырхъан
тхьэкӀумэӀупсыр ичын
тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуудын
Пшынауэмрэ Ӏэгуауэмрэ, цӀыкӀу зэрыгъэкӀий макъыр къыхыхьэжауэ, тхьэкӀумэӀупсыр ирач.— Къуэдзокъуэ Хьэсэн
тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду
руоглушительно.
ТхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду уафэр мэгъуагъуэ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуудын
руоглушить (сильными звуками, шумом и т. п.).
Kitapta geçtiği hali
тхьэкӀумэӀупс анат. барабанная перепонка / ТхьэкӀумэ кӀуэцӀым щыщ Ӏыхьэу макъыр зэхозыгъэх, зыгуэр ихуэным, ирихьэным щызыхъумэ. ТхьэкӀумэӀупсыр иричу оглушительно, слишком громко * Куэд дэмыкӀыу щыблэ уащ, тхьэкӀумэупсыр иричу. Щ. Ам. ТхьэкӀумэӀупсыр ичын = тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуудын. * Пшынауэмрэ Ӏэгуауэмрэ, цӀыкӀу зэрыгъэкӀий макъыр къыхыхьэжауэ, тхьэкӀумэӀупсыр ирач. Къу. Хь. ТхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду оглушительно. * ТхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду уафэр мэгъуагъуэ. Къэб. фольк. ТхьэкӀумэӀупсыр Ӏуудын оглушить (сильными звуками, шумом и т. п.).
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Deyimler (2)
тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду
Егъэлеяуэ ину.
Иринэрэ Апчарэрэ аптекэмкӀэ ягъэзауэ паркым дынэсакъэ щыжаӀэм, сиренэ макъ тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду зэхахащ— Нал къута, 279
+2 örnek
ЦӀыхухэр зэрызехьэрт, зэзауэрт, тыкуэн сытхэр ягъэсырт, унэ щхьэгъубжэр хьэбэсабэу зэхакъутэрт, автомобилхэм мафӀэ ирадзырти, къалэр Ӏугъуэ фӀыцӀэм уигъэлъагъуртэкъым, фызхэр, сабийхэр зэщӀэкъугъэрт, топ уэ макъым тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуауд жыпӀэнт.— Кхъэлэгъунэ, 378
Бэрэбанэми гъуаплъэ тепщэчми зэуэ щеуэ щыӀэт, уи тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549
тхьэкӀумэӀупсыр Ӏучын
Егъэлеяуэ ину тхьэкӀумэм макъ къиӀуэн.
Топхэр уи тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуачу зэ къызэрыуэу, Темботрэ Лурэ унащхьэм къелъэтэхащ, шынауэ.— Хъуэпсэгъуэ нур, 283
Kitapta geçtiği hali
ТХЬЭКӀУМЭӀУПС: ◊ тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду (4). Егъэлеяуэ ину. Иринэрэ Апчарэрэ аптекэмкӀэ ягъэзауэ паркым дынэсакъэ щыжаӀэм, сиренэ макъ тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду зэхахащ. Нал къута, 279. ЦӀыхухэр зэрызехьэрт, зэзауэрт, тыкуэн сытхэр ягъэсырт, унэ щхьэгъубжэр хьэбэсабэу зэхакъутэрт, автомобилхэм мафӀэ ирадзырти, къалэр Ӏугъуэ фӀыцӀэм уигъэлъагъуртэкъым, фызхэр, сабийхэр зэщӀэкъугъэрт, топ уэ макъым тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуауд жыпӀэнт. Кхъэлэгъунэ, 378. Бэрэбанэми гъуаплъэ тепщэчми зэуэ щеуэ щыӀэт, уи тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуиуду. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 549. ТхьэкӀумэӀупсыр Ӏучын (1). Егъэлеяуэ ину тхьэкӀумэм макъ къиӀуэн. Топхэр уи тхьэкӀумэӀупсыр Ӏуачу зэ къызэрыуэу, Темботрэ Лурэ унащхьэм къелъэтэхащ, шынауэ. Хъуэпсэгъуэ нур, 283.