тхылъ
Türkçe-Adıgece Sözlük, Fahri Huvaj
Kitapta geçtiği hali
ТХЫГЪЭ-шӀыгъэ/ТХЫГЪЭ-щӀыгъэ, ТХЫЛЪ, ТХЫГЪЭ, гъэшъыпкъалъ(э)/гъэпэжылъэ, щэстхылъ/ шэстхылъ, тхьапэ/тхьэмпэ, ДОКУМЕНТ; BELGE (kanıt, vesika)
ТХЫЛЪ, ТХЫЛЪТЕДЗА(гъ); KİTAP
ТХЫЛЪ, ТХЫГЪЭ; MEKTUP
ТХЫГЪЭ, ТХЫЛЪ, ПИСЬМО; MEKTUP
ТХЫЛЪ, ТХЫГЪЭ, ТХЫГЪЭшӀыгъэ/ТХЫГЪЭ-щӀыгъэ, гъэшъыпкъалъ(э)/гъэпэжылъэ, щэстхылъ/шэстхылъ, тхьапэ/ тхьэмпэ, ДОКУМЕНТ; VESİKA → BELGE
Bu sonuç kitaptaki 5 maddeden oluşuyor. Kitapta Doğu diyalekti koyu, Batı diyalekti düz, iki diyalektte ortak sözcükler BÜYÜK HARFLE yazılmıştır.
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
1. Тхыгъэ гуэрхэр зэрыбкӀэ тедзауэ (пасэ зэманым Ӏэрытхыуи ящӀу щытащ) зэкӀэрыда напэкӀуэцӀ зыбжанэ, зыкъом.
рукнига
.. Тхылъ еджэным ӀэфӀагъыу хэлъ псори Нэфисэти зэхещӀыкӀри гукӀи псэкӀи тхылъхэм зарет.— КӀэрашэ Тембот
2. Щыхьэтлыкъ, ӀуэхущӀапӀэхэм зэӀэпах е цӀыху щхьэхуэхэм ират тхылъымпӀэ (унафэ, хъыбарегъащӀэ, щыхьэт зыгуэрхэм техъуэ н. иту).
рудокумент, деловая бумага, письменное сообщение
{Хъыджэбзым:} - Сэ си тхылъыр нэпцӀкъым! Мис еплъ-псори тэмэмщ!— Зы едзыгъуэу зэхэлъ пьесэхэр
+1 örnek
Адэм тхылъ зэбгригъэхащ и пхъум щхьэкӀэ.— Къэбэрдей ӀуэрыӀуатэ
Bu maddedeki ifadeler (6)
тхылъ егъэщӀэн
руобучить кого-л. грамоте.
{ИгъащӀэм хьэрф къизымытхъам тхылъ ебгъэщӀэныр сытым хуэдэ.— КӀыщокъуэ Алим
тхылъ зэгъэщӀэн
рунаучиться грамоте.
{Астемыр:} - Инал езыр-езыру тхылъ зригъэщӀащ.
тхылъым ирижэн
рубегло прочитать, пробежать глазами книгу.
тхылъ еджапӀэ
Тхылъ щеджэным хухэха унэ е пэш.
ручитальный зал, читальня
Тхылъ еджапӀэ Ӏэхуитлъэхуит.
2 ifade daha
тхылъ къабзэ
Документ пэж, дагъуэншэ.
руподлинный документ, подлинник
тхылъ тедзапӀэ
Тхылъ къыдэгъэкӀыным елэжь ӀуэхущӀапӀэ.
рукнижное издательство
"Эльбрус" тхылъ тедзапӀэ.
Kitapta geçtiği hali
тхылъ 1. книга / Тхыгъэ гуэрхэр зэрыбкӀэ тедзауэ (пасэ зэманым Ӏэрытхыуи ящӀу щытащ) зэкӀэрыда напэкӀуэцӀ зыбжанэ, зыкъом. * .. Тхылъ еджэным ӀэфӀагъыу хэлъ псори Нэфисэти зэхещӀыкӀри гукӀи псэкӀи тхылъхэм зарет. КӀ. Т. 2. документ, деловая бумага, письменное сообщение / Щыхьэтлыкъ, ӀуэхущӀапӀэхэм зэӀэпах е цӀыху щхьэхуэхэм ират тхылъымпӀэ (унафэ, хъыбарегъащӀэ, щыхьэт зыгуэрхэм техъуэ н. иту). * {Хъыджэбзым:} - Сэ си тхылъыр нэпцӀкъым! Мис еплъ-псори тэмэмщ! Пьесэхэр. Адэм тхылъ зэбгригъэхащ и пхъум щхьэкӀэ. Къэб. фольк. Тхылъ егъэщӀэн обучить кого-л. грамоте. * {ИгъащӀэм хьэрф къизымытхъам тхылъ ебгъэщӀэныр сытым хуэдэ. КӀ. А. Тхылъ зэгъэщӀэн научиться грамоте. * {Астемыр:} - Инал езыр-езыру тхылъ зригъэщӀащ. Тхылъым ирижэн бегло прочитать, пробежать глазами книгу. тхылъ еджапӀэ читальный зал, читальня / Тхылъ щеджэным хухэха унэ е пэш. Тхылъ еджапӀэ Ӏэхуитлъэхуит. тхылъ къабзэ подлинный документ, подлинник / Документ пэж, дагъуэншэ. тхылъ тедзапӀэ книжное издательство / Тхылъ къыдэгъэкӀыным елэжь ӀуэхущӀапӀэ. "Эльбрус" тхылъ тедзапӀэ.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
1. Тхыгъэ гуэрхэр зэрыбкӀэ тедзауэ (пасэ зэманым Ӏэрытхыуи ящӀу щытащ) зэкӀэрыда напэкӀуэцӀ зыбжанэ, зыкъом.
Къочэнджэщыр егъэджакӀуэр, Хэсщ ар тхылъым жэщи махуи, Пионерхэм ар ягъакӀуэ – ЛӀыкӀуэ ящӀым яфӀэзахуэу.— Тисей, 478
+2 örnek
Усэ тхылъ Ӏэджэр иджыри Зыри темыкӀуэу дзэ инщ, Дэтхэнэ Ӏэщэм лъэмыкӀри Абы и псалъэм лъэкӀынщ.— Маяковский. «Бгы лъапэхэм деж», 41
Илъэс зыбжанэм нэхъапэм Уэ сыбгъэджахэр сохъумэ, Уи усэ тхылъым я напэм Къару хэплъхьэхэм нэгъунэ.— Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 114
2. ӀуэхущӀапӀэхэм зэӀэпах е цӀыху щхьэхуэхэм ират тхылъымпӀэ (унафэ, хъыбарегъащӀэ, щыхьэт зыгуэрхэм техъуэ нэгъуэщӀхэри иту).
Дэри машинэкӀэ дыщежалӀэм, хъумакӀуэхэр къытпэуващ, дыщӀагъэхьэн ямыдэу, арщхьэкӀэ сэ тхылъ сӀыгът дзэпщым и Ӏэ телъу, сащӀэкӀиещ, сепщэдыкъауэри унэм сыщӀэуащ, си гъусэхэр зэрызигъусэу.— ХьэщӀэ лъапӀэ, 405
+2 örnek
Дорофеич завхозу тхылъым ит щхьэкӀэ, мыхьэнэ закъуэ иӀэкъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 561
ИтӀани къуажэдэсхэм ящыщу тхылъым зыгуэрым Ӏэ тридзэн хуейщ.— МелыӀыч, 466
3. Зыгуэрым зэрыщӀэупщӀэ, гурылъхэр, хъыбархэр зэрыхуаӀуатэхэр зэрыт тхылъымпӀэ.
Тхылъ къыхуэкӀуа пэтми, зэзэмызэ Думэсарэ гупсысэшхуэ къытеуэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 191
+2 örnek
Сэ тхылъ нэзмытхыу щыщытам, Уигу щабэр, дауи, къызэбгъат, Иджы нэстхахэм гу лъыптам, Си дежкӀэ мащэр гъунэгъуат.— Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59
Псом ящӀыӀужкӀэ, «удз хущхъуэ зэхуэвмыхьэсынкӀэ Ӏэмал иӀэкъым», - жаӀэри тхылъ къатхащ.— Щынэхужьыкъуэ, 50
Deyimler (1)
тхылъ щӀэн
Еджэфу щытын.
Долэт, Чачэ хуэдэхэм тхылъ ящӀэ щыхъуакӀэ, кӀыфӀым дыкъыхэкӀыу аращ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654
+2 örnek
Инал езыр-езыру тхылъ зригъэщӀэжащ, – жиӀэри Астемыр идакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 310
– Алыхьыр си щыхьэтщ, абы нэхъ щыхьэтыфӀ сыхуейкъым, - жи Ӏэдэм, – тхылъ зэзгъэщӀащ, хьисэпри сощӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631
Kitapta geçtiği hali
ТХЫЛЪ (264). 1. (211). Тхыгъэ гуэрхэр зэрыбкӀэ тедзауэ (пасэ зэманым Ӏэрытхыуи ящӀу щытащ) зэкӀэрыда напэкӀуэцӀ зыбжанэ, зыкъом. Къочэнджэщыр егъэджакӀуэр, Хэсщ ар тхылъым жэщи махуи, Пионерхэм ар ягъакӀуэ – ЛӀыкӀуэ ящӀым яфӀэзахуэу. «Тисей», 478. Усэ тхылъ Ӏэджэр иджыри Зыри темыкӀуэу дзэ инщ, Дэтхэнэ Ӏэщэм лъэмыкӀри Абы и псалъэм лъэкӀынщ. Маяковский. «Бгы лъапэхэм деж», 41. Илъэс зыбжанэм нэхъапэм Уэ сыбгъэджахэр сохъумэ, Уи усэ тхылъым я напэм Къару хэплъхьэхэм нэгъунэ. Поэтым деж. «Шум и гъуэгу», 114. 2. (33). ӀуэхущӀапӀэхэм зэӀэпах е цӀыху щхьэхуэхэм ират тхылъымпӀэ (унафэ, хъыбарегъащӀэ, щыхьэт зыгуэрхэм техъуэ нэгъуэщӀхэри иту). Дэри машинэкӀэ дыщежалӀэм, хъумакӀуэхэр къытпэуващ, дыщӀагъэхьэн ямыдэу, арщхьэкӀэ сэ тхылъ сӀыгът дзэпщым и Ӏэ телъу, сащӀэкӀиещ, сепщэдыкъауэри унэм сыщӀэуащ, си гъусэхэр зэрызигъусэу. ХьэщӀэ лъапӀэ, 405. Дорофеич завхозу тхылъым ит щхьэкӀэ, мыхьэнэ закъуэ иӀэкъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 561. ИтӀани къуажэдэсхэм ящыщу тхылъым зыгуэрым Ӏэ тридзэн хуейщ. МелыӀыч, 466. 3. (20). Зыгуэрым зэрыщӀэупщӀэ, гурылъхэр, хъыбархэр зэрыхуаӀуатэхэр зэрыт тхылъымпӀэ. Тхылъ къыхуэкӀуа пэтми, зэзэмызэ Думэсарэ гупсысэшхуэ къытеуэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 191. Сэ тхылъ нэзмытхыу щыщытам, Уигу щабэр, дауи, къызэбгъат, Иджы нэстхахэм гу лъыптам, Си дежкӀэ мащэр гъунэгъуат. Фэеплъ бэлътоку. «Шум и гъуэгу», 59. Псом ящӀыӀужкӀэ, «удз хущхъуэ зэхуэвмыхьэсынкӀэ Ӏэмал иӀэкъым», - жаӀэри тхылъ къатхащ. Щынэхужьыкъуэ, 50. ◊ Тхылъ щӀэн (38). Еджэфу щытын. Долэт, Чачэ хуэдэхэм тхылъ ящӀэ щыхъуакӀэ, кӀыфӀым дыкъыхэкӀыу аращ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 654. Инал езыр-езыру тхылъ зригъэщӀэжащ, – жиӀэри Астемыр идакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 310. – Алыхьыр си щыхьэтщ, абы нэхъ щыхьэтыфӀ сыхуейкъым, - жи Ӏэдэм, – тхылъ зэзгъэщӀащ, хьисэпри сощӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 631.