тхъуэплъ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Плъыжьыфэ; плъыжьрэ кхъуэщыныфэрэ зэщӀэту.
рурумяный
МыӀэрысэ тхъуэплъ.
+1 örnek
Ӏэнэ хъурейм лы Ӏыхьэ тхъуэплъымрэ пӀастэ гъуэжьымрэ телъщ.— ХьэхъупащӀэ Хьэжбэчыр
Kitapta geçtiği hali
тхъуэплъ румяный / Плъыжьыфэ; плъыжьрэ кхъуэщыныфэрэ зэщӀэту. * МыӀэрысэ тхъуэплъ. * Ӏэнэ хъурейм лы Ӏыхьэ тхъуэплъымрэ пӀастэ гъуэжьымрэ телъщ. Хь. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Плъыжьыфэ; плъыжьрэ кхъуэщыныфэрэ зэхэту.
Мэ, си псэ тӀэкӀу, – жиӀэу Рахьим къыпыгуфӀыкӀыу Дисэ къыхуэгузавэрт, щӀакхъуэ инхэм нэхъ тхъуэплъ къигъуэтыну хэплъэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 130
+2 örnek
Машинэм хэлъ абджхэр егъэжэхати абы зэгуэбэтыжауэ ис лӀы тхъуэплъышхуэм и щхьэр къригъэжащ, зэрынэкӀутӀэр плъагъуу и щхьэфэкъур къызэщӀэплъарэ пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу: – Сэлам алейкум.— КӀапсэ кӀапэ, 5
Щышынэм и гур, пэжщ, ирехыр, И нэкӀукӀэ тхъуэплъми и Ӏэр щӀыӀэщ.— ЛӀэныгъэ. «Мывэ хуабэ», 204
Kitapta geçtiği hali
ТХЪУЭПЛЪ (5). Плъыжьыфэ; плъыжьрэ кхъуэщыныфэрэ зэхэту. Мэ, си псэ тӀэкӀу, – жиӀэу Рахьим къыпыгуфӀыкӀыу Дисэ къыхуэгузавэрт, щӀакхъуэ инхэм нэхъ тхъуэплъ къигъуэтыну хэплъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 130. Машинэм хэлъ абджхэр егъэжэхати абы зэгуэбэтыжауэ ис лӀы тхъуэплъышхуэм и щхьэр къригъэжащ, зэрынэкӀутӀэр плъагъуу и щхьэфэкъур къызэщӀэплъарэ пщӀэнтӀэпсыр къехуэхыу: – Сэлам алейкум. КӀапсэ кӀапэ, 5. Щышынэм и гур, пэжщ, ирехыр, И нэкӀукӀэ тхъуэплъми и Ӏэр щӀыӀэщ. ЛӀэныгъэ. «Мывэ хуабэ», 204.