туземнэ
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
Япэ дунейпсо зауэм хэта дивизэ, Кавказ лъэпкъхэм ящыщ зауэлӀхэр хэту.
Я теплъэкӀэ а къомыр дзэм ещхьт, сыту жыпӀэмэ «Туземнэ дивизэм» хэта шухэм Ӏэщэ яӀыгъыу къэкӀуат, къуажэм дэсхэми Ӏэщэ зиӀэм къыздамыхьу къагъэнакъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 211
+2 örnek
«Туземнэ дивизэм» кӀуэ жаӀэу тхылъ кърата щхьэкӀэ [Астемыр], ар абы кӀуэну и гугъэххэтэкъым.— Хъуэпсэгъуэ нур, 179
[Къылышбийм и къуэм и къуэш шыдыгъум жриӀэу:] УмыщӀэу пӀэрэ уэ Хъазбулат нэхъыфӀ дыдэр къыхищыпыкӀыу шы плӀыщӀ и гум пыкӀыу Туземнэ дивизэм зэрыритар?— Хъуэпсэгъуэ нур, 116
Kitapta geçtiği hali
ТУЗЕМНЭ: ТУЗЕМНЭ ДИВИЗЭ (7). Япэ дунейпсо зауэм хэта дивизэ, Кавказ лъэпкъхэм ящыщ зауэлӀхэр хэту. Я теплъэкӀэ а къомыр дзэм ещхьт, сыту жыпӀэмэ «Туземнэ дивизэм» хэта шухэм Ӏэщэ яӀыгъыу къэкӀуат, къуажэм дэсхэми Ӏэщэ зиӀэм къыздамыхьу къагъэнакъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 211. «Туземнэ дивизэм» кӀуэ жаӀэу тхылъ кърата щхьэкӀэ [Астемыр], ар абы кӀуэну и гугъэххэтэкъым. Хъуэпсэгъуэ нур, 179. [Къылышбийм и къуэм и къуэш шыдыгъум жриӀэу:] УмыщӀэу пӀэрэ уэ Хъазбулат нэхъыфӀ дыдэр къыхищыпыкӀыу шы плӀыщӀ и гум пыкӀыу Туземнэ дивизэм зэрыритар? Хъуэпсэгъуэ нур, 116.