тобэ
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
ГъэщӀэгъуэныгъэ, телъыджэ къыщыхъуныгъэ с. ху. къегъэлъагъуэ.
рубоже
Тобэ! Мыр см. ин зэрыхъуар.
Bu maddedeki ifadeler (5)
тобэ ирехъу (тобэ ирехъуи)
рунаверно, вероятно; наверняка.
Тобэ ирехъу, зы махуэ закъуи гупсэхуу етӀысэхауэ къыщӀэкӀынкъым адыгэ тхьэмыщкӀэр зэманыжьым.— Къэзэнокъуэ Жэбагъы
тобэ къэхьыжын
рураскаяться в чем-л.
Уазыр иухым {молэр} Фызхэм я хьэщӀэщ, Бэлыхь ищӀамэ, Тобэр къехьыжыр.— ПащӀэ Бэчмырзэ
Си тобэщ!
руклянусь!
{Мадинэ:} - Пыл Джэриижьым сыратмэ, СымыпсэункӀэ.. си тобэщ.— Къэбэрдей поэзием и антологие
Тобэ ярэби!
ругосподи!
- Тобэ ярэби, занщӀэу ущигъэуэнущ Долэт, - жиӀэри Бэтокъуэ Мусэ и псалъэм еувэлӀащ.— Ӏуащхьэмахуэ
Тобэ Ӏистофрилэхь!
рупрости, господи!
Kitapta geçtiği hali
тобэ междом. боже / ГъэщӀэгъуэныгъэ, телъыджэ къыщыхъуныгъэ с. ху. къегъэлъагъуэ. Тобэ! Мыр см. ин зэрыхъуар. Тобэ ирехъу (тобэ ирехъуи) наверно, вероятно; наверняка. * Тобэ ирехъу, зы махуэ закъуи гупсэхуу етӀысэхауэ къыщӀэкӀынкъым адыгэ тхьэмыщкӀэр зэманыжьым. Къ. Ж. Тобэ къэхьыжын раскаяться в чем-л. * Уазыр иухым {молэр} Фызхэм я хьэщӀэщ, Бэлыхь ищӀамэ, Тобэр къехьыжыр. П. Б. Си тобэщ! клянусь! * {Мадинэ:} - Пыл Джэриижьым сыратмэ, СымыпсэункӀэ.. си тобэщ. Къэб. п. и ант. Тобэ ярэби! господи! * - Тобэ ярэби, занщӀэу ущигъэуэнущ Долэт, - жиӀэри Бэтокъуэ Мусэ и псалъэм еувэлӀащ. Ӏуащхь. Тобэ Ӏистофрилэхь! прости, господи!
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
ГъэщӀэгъуэныгъэ, телъыджэ къыщыхъуныгъэ сыт хуэдэхэр къегъэлъагъуэ. Хьэрыпыбзэм къыхэкӀащ: «щӀегъуэжыныгъэ» мыхьэнэ иӀэщ.
Урарэ «тобэ-тобэ-тобэ, лӀари къигъэхъужыни а музычэм» жиӀэрти и жьэпкъ гъурым Ӏэ дилъэжырт.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576
+1 örnek
Чачэ зехъунщӀэ: – Алыхьым илъагъунумрэ имылъагъунумрэ, тобэ, тобэ, тобэ, тобэ, алыхь, уэ умыщӀэ.— Мазэ ныкъуэ щхъантӀэ, 512
Deyimler (1)
тобэ ирехъу
Апхуэдэу, апхуэдэ дыдэу хъункӀэ хъунт; апхуэдэу мыхъункӀэ Ӏэмал зимыӀэщ.
[Исуф:] ДыкъыздикӀа къэралым, тобэ ирехъу, Назифэ хьэрып къулей гуэр къылъыхъунт.— Лэчымэ, 393
+2 örnek
[Апчарэ къэрэгъулым жриӀэу:] – Уаа, уи лъапэм мащэм къисха ятӀэр техуащи, тобэ ирехъу, уэри мащэм уихуэнущ— Нал къута, 287
Тобэ ирехъу, фызабэм деж сыкъэзышам и гугъагъэнт сабий цӀыкӀу къомым вакъэ сыткӀэ садэӀэпыкъуну— МелыӀыч, 474
Kitapta geçtiği hali
ТОБЭ (21). междом. ГъэщӀэгъуэныгъэ, телъыджэ къыщыхъуныгъэ сыт хуэдэхэр къегъэлъагъуэ. Хьэрыпыбзэм къыхэкӀащ: «щӀегъуэжыныгъэ» мыхьэнэ иӀэщ. Урарэ «тобэ-тобэ-тобэ, лӀари къигъэхъужыни а музычэм» жиӀэрти и жьэпкъ гъурым Ӏэ дилъэжырт. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 576. Чачэ зехъунщӀэ: – Алыхьым илъагъунумрэ имылъагъунумрэ, тобэ, тобэ, тобэ, тобэ, алыхь, уэ умыщӀэ. Мазэ ныкъуэ щхъантӀэ, 512. ◊ Тобэ ирехъу (17). Апхуэдэу, апхуэдэ дыдэу хъункӀэ хъунт; апхуэдэу мыхъункӀэ Ӏэмал зимыӀэщ. [Исуф:] ДыкъыздикӀа къэралым, тобэ ирехъу, Назифэ хьэрып къулей гуэр къылъыхъунт. Лэчымэ, 393. [Апчарэ къэрэгъулым жриӀэу:] – Уаа, уи лъапэм мащэм къисха ятӀэр техуащи, тобэ ирехъу, уэри мащэм уихуэнущ. Нал къута, 287. Тобэ ирехъу, фызабэм деж сыкъэзышам и гугъагъэнт сабий цӀыкӀу къомым вакъэ сыткӀэ садэӀэпыкъуну. МелыӀыч, 474.