теӀэбэн

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(тоӀэбэ)

1. Зыгуэрым и щӀыӀум, и щхьэфэм ӀэкӀэ еӀусэн, лъэӀэсын.

рудотронуться, коснуться поверхности чего-л.

Ӏэнэм теӀэбэн. Дамэм теӀэбэн.

2. И гугъу пщӀыуэ зыгуэрым и деж нэсын, тепсэлъыхьын.

рузатронуть что-л.; коснуться чего-л. (напр. какой-л. темы, вопроса)

Ӏуэхугъуэ куэдым теӀэбэн.

3. КъыбжаӀа гуэрым хуэзэн, натӀэкӀэ жьэхэуэн.

русамому столкнуться с чем-л., самому убедиться в чем-л.

КъыбжаӀам теӀэбэн.

Bu maddedeki ifadeler (1)

ӀэкӀэ теӀэбэн

Еплъ: Ӏэ

Kitapta geçtiği hali

теӀэбэн (тоӀэбэ) неперех. гл. 1. дотронуться, коснуться поверхности чего-л. / Зыгуэрым и щӀыӀум, и щхьэфэм ӀэкӀэ еӀусэн, лъэӀэсын. Ӏэнэм теӀэбэн. Дамэм теӀэбэн. 2. переносное затронуть что-л.; коснуться чего-л. (напр. какой-л. темы, вопроса) / И гугъу пщӀыуэ зыгуэрым и деж нэсын, тепсэлъыхьын. * Ӏуэхугъуэ куэдым теӀэбэн. 3. переносное самому столкнуться с чем-л., самому убедиться в чем-л. / КъыбжаӀа гуэрым хуэзэн, натӀэкӀэ жьэхэуэн. КъыбжаӀам теӀэбэн. ӀэкӀэ теӀэбэн см. Ӏэ.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(тоӀэбэ)

1. Зыгуэрым и щӀыӀум, щхьэфэм ӀэкӀэ еӀусэн, теӀэбэн.

Езы Рахьим къакӀуэмэ, Саримэ бгъэдэсу хъыбар гъэщӀэгъуэнхэр жиӀэрт, щыгъын дахэу къалэм дэс хъыджэбзхэм щатӀагъэм тепсэлъыхьырт, зэзэмызи Саримэ теӀэбэрти и дамэм, и щӀыбым Ӏэ дилъэрт.— Хъуэпсэгъуэ нур, 132

+2 örnek

Локотош приказыр Шэндар ирегъэлъагъу, Сталиным и Ӏэ зытелъым ӀэпэкӀэ теӀэбэу— Нал къута, 258

– Зы цӀыху телефоным бгъэдумыгъэхьэ, – жиӀэри Къулыр телефоным теӀэбащ.— Нал къута, 239

2. КъыбжаӀа гуэрым хуэзэн, натӀэкӀэ жьэхэуэн.

[Думэсарэ:] Къаплъи къэдаӀуэ, Астемыр, Хъуашэ и Ӏэтэу уэри укъыдэхуауэ ӀэкӀэ утемыӀэбэмэ.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641

Kitapta geçtiği hali

ТЕӀЭБЭН (тоӀэбэ) лъэмыӀ. (29). 1. (28). Зыгуэрым и щӀыӀум, щхьэфэм ӀэкӀэ еӀусэн, теӀэбэн. Езы Рахьим къакӀуэмэ, Саримэ бгъэдэсу хъыбар гъэщӀэгъуэнхэр жиӀэрт, щыгъын дахэу къалэм дэс хъыджэбзхэм щатӀагъэм тепсэлъыхьырт, зэзэмызи Саримэ теӀэбэрти и дамэм, и щӀыбым Ӏэ дилъэрт. Хъуэпсэгъуэ нур, 132. Локотош приказыр Шэндар ирегъэлъагъу, Сталиным и Ӏэ зытелъым ӀэпэкӀэ теӀэбэу. Нал къута, 258. – Зы цӀыху телефоным бгъэдумыгъэхьэ, – жиӀэри Къулыр телефоным теӀэбащ. Нал къута, 239. 2. (1). КъыбжаӀа гуэрым хуэзэн, натӀэкӀэ жьэхэуэн. [Думэсарэ:] Къаплъи къэдаӀуэ, Астемыр, Хъуашэ и Ӏэтэу уэри укъыдэхуауэ ӀэкӀэ утемыӀэбэмэ. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 641.

Düzeltme Öner

теӀэбэн
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.