техун

Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.

(тоху)

Лъейуэ, псынщӀэу текӀын, тещэтын, теджэрэзыкӀын.

русоскочить, упасть с чего-л. (напр. шина с колеса)

Дафэр техун. Шэрхъым и шинэр техуащ.

(треху)

1. Пхууэ, бгъащтэу тегъэкӀын.

русогнать кого-что-л. откуда-л., с чего-л.

Апщэм шыхэр пщыӀэм трихуащ. Къэб. фольк.

2. Тедзын (пащтыхьыр); и лэжьапӀэм къыӀухун, и къулыкъур къытехын. Къулыкъум техун.

русвергнуть кого-л.; прогнать кого-л. (напр. с работы)

Bu maddedeki ifadeler (1)

дунейм теху(жы)н

Еплъ: дуней

Kitapta geçtiği hali

техун I (тоху) неперех. гл. соскочить, упасть с чего-л. (напр. шина с колеса) / Лъейуэ, псынщӀэу текӀын, тещэтын, теджэрэзыкӀын. Дафэр техун. Шэрхъым и шинэр техуащ. II (треху) перех. гл. 1. согнать кого-что-л. откуда-л., с чего-л. / Пхууэ, бгъащтэу тегъэкӀын. Апщэм шыхэр пщыӀэм трихуащ. Къэб. фольк. 2. переносное свергнуть кого-л.; прогнать кого-л. (напр. с работы) / Тедзын (пащтыхьыр); и лэжьапӀэм къыӀухун, и къулыкъур къытехын. Къулыкъум техун. Дунейм теху(жы)н см. дуней.

КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.

(треху)

1. Бгъащтэу тегъэкӀын, залымыгъэкӀэ тегъэкӀын.

Жьым ар къуршым хутемыху, Уи уэрэду къуэм дэмыхуэр Къытхуэнащи тхуэмыух.— ЩоджнцӀыкӀу Алий и сурэт. «Мывэ хуабэ», 143

+2 örnek

Азрэт и Ӏэр и щхьэм хуихьащ, бадзэ тесыр триху хуэдэу – езым абы къригъэкӀыр командирыщӀэм честь ириту арат.— Нал къута, 250

Гъуэгум жэм Ӏэхъушэ тетти, Ӏэхъуэхэм я башыр ягъэдалъэу, я пыӀэр щхьэрахауэ адэкӀэ-мыдэкӀэ жэурэ кӀий-гуоуэ жэмхэр гъуэгум трахурт, машинэм иукӀын я гугъэу— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 535

2. Тедзын; ӀэнатӀэм, къулыкъум тегъэкӀын.

Ауэрэ мащӀэ дэкӀа, куэд дэкӀа, хъыбар телъыджэ къэӀуащ, Россей къэралыр зэтракъутэри пащтыхьыр трахуащ, жаӀэри.— Хъуэпсэгъуэ нур, 147

(тоху)

ПсынщӀэу текӀын, тещэтын.

Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым.— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640

Kitapta geçtiği hali

ТЕХУН (треху) лъэӀ. 1. (15). Бгъащтэу тегъэкӀын, залымыгъэкӀэ тегъэкӀын. Жьым ар къуршым хутемыху, Уи уэрэду къуэм дэмыхуэр Къытхуэнащи тхуэмыух. ЩоджнцӀыкӀу Алий и сурэт. «Мывэ хуабэ», 143. Азрэт и Ӏэр и щхьэм хуихьащ, бадзэ тесыр триху хуэдэу – езым абы къригъэкӀыр командирыщӀэм честь ириту арат. Нал къута, 250. Гъуэгум жэм Ӏэхъушэ тетти, Ӏэхъуэхэм я башыр ягъэдалъэу, я пыӀэр щхьэрахауэ адэкӀэ-мыдэкӀэ жэурэ кӀий-гуоуэ жэмхэр гъуэгум трахурт, машинэм иукӀын я гугъэу. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 535. 2. (1). Тедзын; ӀэнатӀэм, къулыкъум тегъэкӀын. Ауэрэ мащӀэ дэкӀа, куэд дэкӀа, хъыбар телъыджэ къэӀуащ, Россей къэралыр зэтракъутэри пащтыхьыр трахуащ, жаӀэри. Хъуэпсэгъуэ нур, 147.

ТЕХУН (тоху) лъэмыӀ. (1). ПсынщӀэу текӀын, тещэтын. Дэшхуэм и фэр тоху, дэр хъуа иужь, дэр мыхъуамэ, дафэ цӀынэр пхутехынукъым. Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 640.

Düzeltme Öner

техун
Sorun nedir?

KVKK aydınlatma metni

Destek Ver

adigebze.org, Çerkesçenin korunmasına, öğrenilmesine ve gelecek kuşaklara aktarılmasına katkı sağlamak amacıyla geliştirilen bağımsız ve kullanımı ücretsiz bir kültür projesidir.

Projenin sunucu, bakım, geliştirme ve sürdürülebilirlik giderlerine destek sağlayarak adigebze.org gönüllüsü olmak isterseniz aşağıdaki form üzerinden bize ulaşabilirsiniz.

Sizinle en kısa sürede iletişime geçeceğiz.