тефыхьыжын
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
Ушха е уефа нэужькӀэ зыгуэр ифыжын. Ушха, ебгъэхаӀа нэужь зыгуэр ефэжын.
руа) (трефыхьыж) перех. гл. выпить что-л.
{Адакъэшым къепсыхам} пӀастэ шыуанымрэ лы Ӏэнлъэмрэ ишхри, лэпс лэгъупри трифыхьыжащ.— Черк. таур. б) (тофыхьыж)
+3 örnek
неперех. гл.— запить
чем-л.
Хьэмид зы хьэтыкъ ныкъуэр ишхри псы тӀэкӀу тефыхьыжащ.— ГуащӀэдэкӀым и уэрэд
(тофыхьыж)
Зыгуэрым и щӀыӀум щыфыжын, фыуэ щызэкӀуэкӀын.
русгнить на поверхности чего-л. (об остатках чего-л.)
Хьэмым гуэдзыр тофыхьыж.
Kitapta geçtiği hali
тефыхьыжын I а) (трефыхьыж) перех. гл. выпить что-л. / Ушха е уефа нэужькӀэ зыгуэр ифыжын. * {Адакъэшым къепсыхам} пӀастэ шыуанымрэ лы Ӏэнлъэмрэ ишхри, лэпс лэгъупри трифыхьыжащ. Черк. таур. б) (тофыхьыж) неперех. гл. запить чем-л. / Ушха, ебгъэхаӀа нэужь зыгуэр ефэжын. * Хьэмид зы хьэтыкъ ныкъуэр ишхри псы тӀэкӀу тефыхьыжащ. Гу. и у. II (тофыхьыж) неперех. гл. сгнить на поверхности чего-л. (об остатках чего-л.) / Зыгуэрым и щӀыӀум щыфыжын, фыуэ щызэкӀуэкӀын. Хьэмым гуэдзыр тофыхьыж.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(трефыхьыж)
Ушха е уефа нэужькӀэ зыгуэр ифыжын.
[Алыджыкъуэ:] Щакхъуэ фӀыцӀэ тӀэкӀу зэӀурыздзэри псы сытефыхьыжащ.— МелыӀыч, 438
+2 örnek
– Дыхуей мыгъуэкъым шэ, дызэдзэкъэн уиӀэмэ, къыдэти, псы дытефыхьыжынщ, – жиӀэри Дэфэрэдж и гурыӀупсыр къажэу жыгышхуэ гуэрым и щӀагъым щӀэтӀысхьащ, и сабийр и куэщӀым ису.— Лъапсэ, 55
[Гунэуэс хуэгъэзауэ] Сыту Ӏуэхутхьэбзэшхуэ къысхуэпщӀа, зи уз кӀуэдын, – жиӀащ Дисэ, хьэлывэ тӀэкӀур зыӀуридзэщ, псы тефыхьыжри и гур къызэрыгъуэтыжауэ.— ГущӀэгъу, 422
Kitapta geçtiği hali
ТЕФЫХЬЫЖЫН (трефыхьыж) лъэӀ. (4). Ушха е уефа нэужькӀэ зыгуэр ифыжын. [Алыджыкъуэ:] Щакхъуэ фӀыцӀэ тӀэкӀу зэӀурыздзэри псы сытефыхьыжащ. МелыӀыч, 438. – Дыхуей мыгъуэкъым шэ, дызэдзэкъэн уиӀэмэ, къыдэти, псы дытефыхьыжынщ, – жиӀэри Дэфэрэдж и гурыӀупсыр къажэу жыгышхуэ гуэрым и щӀагъым щӀэтӀысхьащ, и сабийр и куэщӀым ису. Лъапсэ, 55. [Гунэуэс хуэгъэзауэ] Сыту Ӏуэхутхьэбзэшхуэ къысхуэпщӀа, зи уз кӀуэдын, – жиӀащ Дисэ, хьэлывэ тӀэкӀур зыӀуридзэщ, псы тефыхьыжри и гур къызэрыгъуэтыжауэ. ГущӀэгъу, 422.