теутӀыпщхьэн
Адыгэбзэ Псалъалъэ, Багъы П.М.
(треутӀыпщхьэ)
1. И щӀыӀум, и щыгум бутӀыпщу тебгъэхьэн.
рупустить кого-что-л. куда-л., на поверхность чего-л.
Мэлхэр хъупӀэм теутӀыпщхьэн. Кхъухьыр псым траутӀыпщхьащ.
2. Къэгъэлэлэн, къэгъэтӀэсхъэн (шхуэмылакӀэ с. ху.).
руотпустить что-л. (напр. вожжи, поводья)
Ар {ТӀэмашэ} зытес шы къарэжьым и лъэ зытемыува щӀы мыбы къыщыбгъуэтынкъым, и шхуэмылакӀэр теутӀыпщхьи, мылъэпӀастхъэу къуажэм уихьыжынущ.— Къашыргъэ ХьэпащӀэ
Kitapta geçtiği hali
теутӀыпщхьэн (треутӀыпщхьэ) перех. гл. 1. пустить кого-что-л. куда-л., на поверхность чего-л. / И щӀыӀум, и щыгум бутӀыпщу тебгъэхьэн. Мэлхэр хъупӀэм теутӀыпщхьэн. Кхъухьыр псым траутӀыпщхьащ. 2. отпустить что-л. (напр. вожжи, поводья) / Къэгъэлэлэн, къэгъэтӀэсхъэн (шхуэмылакӀэ с. ху.). * Ар {ТӀэмашэ} зытес шы къарэжьым и лъэ зытемыува щӀы мыбы къыщыбгъуэтынкъым, и шхуэмылакӀэр теутӀыпщхьи, мылъэпӀастхъэу къуажэм уихьыжынущ. Къ. Хь.
КӀыщокъуэ Алим и Бзэм и Псалъалъэ, БищӀо Б.Ч.
(треутӀыпщхьэ)
1. И щӀыӀум, и щыгум бутӀыпщу тебгъэхьэн.
«Вырвыв» жиӀэу букварыр уэздыгъэм къытраутӀыпщхьэри уэздыгъэр якъутэ, пэшыр кӀыфӀ зэрыхъуу, хьейдэ – узэрызекъуэнумэ къеблагъэ…— Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544
+1 örnek
Агроном егъэджакӀуэм и гъусэр ныбжькӀэ езым нэхърэ куэдкӀэ нэхъыжьтэкъым, лӀы лъахъшэ гъурт, гъуэншэдж лъапахъуэм джанэ гъуабжэ теутӀыпщхьарэ, абы и щӀыӀум пиджак укъуея тӀэкӀуи телъыжу.— Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520
2. Егъэлеяуэ зыщӀу дунейм тетын.
ТеутӀыпщхьауэ а зытетым Игугъэххакъым щыкӀуэдын.— Тет щхьэщих. «Дамыгъэ», 222
Kitapta geçtiği hali
ТЕУТӀЫПЩХЬЭН (треутӀыпщхьэ) лъэӀ. (6). 1. (5). И щӀыӀум, и щыгум бутӀыпщу тебгъэхьэн. «Вырвыв» жиӀэу букварыр уэздыгъэм къытраутӀыпщхьэри уэздыгъэр якъутэ, пэшыр кӀыфӀ зэрыхъуу, хьейдэ – узэрызекъуэнумэ къеблагъэ… Мазэ ныкъуэ щхъуантӀэ, 544. Агроном егъэджакӀуэм и гъусэр ныбжькӀэ езым нэхърэ куэдкӀэ нэхъыжьтэкъым, лӀы лъахъшэ гъурт, гъуэншэдж лъапахъуэм джанэ гъуабжэ теутӀыпщхьарэ, абы и щӀыӀум пиджак укъуея тӀэкӀуи телъыжу. Зи лъэрыгъыпс тӀыгъа, 520. 2. (1). Егъэлеяуэ зыщӀу дунейм тетын. ТеутӀыпщхьауэ а зытетым Игугъэххакъым щыкӀуэдын. Тет щхьэщих. «Дамыгъэ», 222.